Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Дыгъэгъазэм и 8, блыщхьэ СурэтыщIым и дунейпсо махуэщ Урысей казначействэр къыщызэрагъэпэща махуэщ 1832 гъэм къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб Нэхъыщхьэм и Дзэ академиер. 1929 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шэрий Иринэ. 1953 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ адыгэ кинорежиссёр, Японием, Иракым, Иорданием щекIуэкIа кинофестивалхэм я саугъэтхэр зыхуагъэфэща Анзор Нэждэт. 1954 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Шыд Андемыркъан. 1962 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ сурэтыщI Еутых Iэсият.
Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градус I - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Iуэху зи куэд шыгъэджэгу ещI.