НОБЭ

Дыгъэгъазэм    и 9, гъубж

♦ЛъэпкъгъэкIуэд щIэпхъаджагъэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж, геноцидыр мыдэным и дунейпсо махуэщ

♦Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр

♦Урысейм и гъущI гъуэгу транспортым шынагъуэншагъэм щыкIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

♦1802 гъэм къалъхуащ урысей армэм и генерал-майор, къэралым и дамыгъэ лъапIэ куэд зыхуагъэфэща Анзор Хьэту.

♦1962 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор Щохъужь Замир.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.      Хуабэр    махуэм градуси 4 - 6, жэщым    градуси 3 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 6-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Псалъэм и пэр умыщIэмэ, и кIэр пщIэркъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ