НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 12,  мэрем
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и Iуэхутхьэбзэхэр псоми ялъэIэсыным и дунейпсо махуэщ
Зэныкъуэкъу къэралхэм ящыщу зым и телъхьи мыхъуным и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ
1993 гъэм
КъБР-м палатитI хъу и Парламентыр хахащ.
1933 гъэм къалъхуащ юрист, КъБР-м щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ ГубэщIыкI Владимир.
1935 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, уэрэдус, артист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бахъуэ БетIал.
1937 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Дыгъужь Къазбэч.
1938 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Алэкъей Лерэ.
1948 гъэм къалъхуащ актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерэ.
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шал Любовь.
1976 гъэм къалъхуащ бодибилдингымкIэ дунейпсо чемпион хъуа, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъакъуэдыгъу Рамзес.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр махуэм  градуси 6 - 7, жэщым градуси  2 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
УзрихьэлIэ шхыныфIщ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ