НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 17, бэрэжьей

♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм стратегие мыхьэнэ зиIэ я ракетэдзэхэм я махуэщ

♦Урысейм и Къэрал фельдъегер къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦1936 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, адыгэхэм я деж печатым зэрызыщиужьам и къэхутакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ХъуакIуэ Заур.

♦1946 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, РАЕН-м и академик, къэрал лэжьакIуэ Шыхъуэстэн Абдулхьэмид.

♦1970 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.   Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым щIыIэр градуси 3 - 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Унэм зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ