Спорт хъыбархэр

 Гупхэр зэпоуэ

 

 

 

Республикэм и къалащхьэм и «Налшык» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ командэхэм дзюдомкIэ я республикэ зэхьэзэхуэ. СССР-м спортымкIэ и мастер Газаев Руслан и фэеплъу щытащ ар икIи абы щызэпеуащ 2012 - 2013 гъэхэм къалъхуахэр, псори зэхэту командэ 17 хъууэ.

ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу гупхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм япэ увыпIэр къыщихьащ «Налшык 1» спорт клубым. «Налшык 2»-р етIуанэщ, «Дзюдо КъБР», «Локомотив» командэхэр ещанэ хъуахэщ.

Командэхэм ядэлажьэр Джэданэ Залым, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Тау Азэмэт, Куп Эдуард сымэщ.

 

Имран ягу къагъэкIыж

 

 

 

Хабзэ хъуауэ, Кушаев Имран и фэеплъу, дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм илъэс къэс щрагъэкIуэкI. Мы гъэм абы и щIыхькIэ «Налшык» спорт комплексым щызэпеуащ 2016 гъэм къалъхуа бэнакIуэ ныбжьыщIэу 127-рэ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Дэрахъэ Амир (кг 29-рэ), Бжьахъуэ Искандер (кг 32-рэ), Мэлыхъуэ Имран (кг 35-рэ), Тут Айдар (кг 38-рэ), БищIо Темыр (кг 42-рэ), МгъуэлI Эмир (кг 46-рэ), Хьэщыкъуей Къантемыр (кг 50), Щоджэн Имран (кг 55-рэ), Бэгъуэт Сэлимхъан (кг 60), Кулиев Къантемыр (кг+60) сымэ.

БэнакIуэхэм я тренерхэр Ким Руслан, Тау Азэмэт, Мырзэ Казбек, Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Къуэшрокъуэ Астемыр сымэщ.

 

Бетрожьыр ещанэщ

 

 

 

 

 

Мэзкуу къалэм и «Динамо» спорт комплексым мы махуэхэм щекIуэкIащ УФ-м кудомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа 32-нэ зэхьэзэхуэр.

Абы щызэпеуащ къэралым и спортсмен нэхъ лъэщхэр икIи хъарзынэу абы зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «SPARTA» щIыналъэ къудамэм и гъэсэн Бетрожь Артур.

И хьэлъагъ елъытауэ ди щIалэр зыхэта гупым зэIущIиплI щригъэкIуэкIри, зэпеуэм и домбеякъ медалыр къихьащ. Артур и тренерхэр Мэремыкъуэ Казбекрэ Щоджэн Аслъэнрэщ.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

Читать также: