Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
ХуэмыщIауэ псэухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и Къэрал Къулыкъум и дзэ тIасхъэщIэх IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ 1906 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ адмирал, Ищхъэрэ, Балтие флотхэм я командующэу щыта Головко Арсений. 1935 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Горькэм и цIэр зезыхьэ Дунейпсо литературнэ институтым и профессор Алий Аллэ. 1939 гъэм къалъхуащ футболист Iэзэу щыта, СССР-ми РСФСР-ми я чемпион, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iэпщэ Александр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 6 - 7, жэщым щIыIэр 0 - 2 градус щыхъунущ.