Ди лъахэгъум и щIыхькIэ къэрал ныпыр яIэт

Хьэрып Эмират Зэ­гуэт­хэм я къалащхьэ Абу-Даби и «Мубадала Арена» спорт комплек­сым мазэ ипэкIэ ще­кIуэ­кIа, Тажышхуэр дзю­­дом­кIэ къэхьыным хуэу­нэтIа зэхьэ­зэхуэш­хуэм къэрал мыхьэнэ зиIэ, ди цIыхухэр куэд щIауэ зыпэплъа икIи спорт тхыдэм къыхэхэн IуэхугъуэфI къыщы­хъуащ.

Ди къэралым и гимнымрэ ныпымрэ зэIущIэхэм къыщагъэсэбэ­пы­ну хуит зэращIыжрэ зи махуэ нэхъ дэмыкIыу, УФ-м и командэ къыхэхам хэту Къэбэрдей-Балъ­къэрым и гъэсэн, адыгэ щIалэ Блий Iэюб зэпеуэм дыщэ медаль къыщихьащ. Абы и фIыгъэкIэ икIи и щIыхькIэ Урысей Федерацэм и ны­пыр Абу-Даби щаIэтащ, къэралым и гимнри къыщрагъэуащ, иужьрей илъэсиплIым япэу.
 Илъэс зыбжанэ ипэкIэ, къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэр къагъэсэбэпыну ди спортсменхэм къыщыпамыубыду щыта зэманхэм щыгъуэ, апхуэдэ текIуэ­ныгъэхэр къызэрыгуэкI гуэру къалъы­тэнкIэ хъунут. Ауэ, мы зэманым дунейм къыщекIуэкI политикэ зэпэщIэувэныгъэмрэ УФ-м къращIылIа дэкъузэны­гъэм­рэ иужькIэ псэр зыгъэгуфIэ икIи лъэр зыгъэжан Iуэхущ ар. Нэхъыщ­хьэжращи, ар зэзыгъэхъулIар ди адыгэ щIалэ, Блий Iэюбщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэм Абу-Даби зэIущIиплI щригъэкIуэкIащ. ЯпэщIыкIэ Iэюб IущIащ Монголием и дзюдоист Тувшинтур Туменжаргал. ­ЕтIуанэ зэпеуэм абы къыщыпэщIэтащ УФ-м и спортсмену щыта, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я ныпым щIэту иджыпсту банэ Симеонидис Константин икIи ари хигъэщIащ. 
КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэм Блийр щыхуэзащ Азербайджаным икIа Юсифов Ахьмэд Эльшад оглы - дуней псом дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэу­нэтIауэ щIалэгъуалэм я деж щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм етIуанэ щы­-хъуам. Мыбдежым, ди щIалэр и хьэрхуэрэгъум гугъу дехьын хуей хъуащ икIи зэIущIэм хухаха зэманым и иужьрей ­дакъикъэхэрщ текIуэныгъэр къыхуэ­зы­хьа баллхэр Iэюб щызыIэригъэхьар. 
Дыщэ медалым щхьэкIэ финалым Блийм къыщыпэщIэтащ 2022 гъэм екIуэ­кIа дунейпсо чемпионатым и ды­жьын медалыр къэзыхьа, монгол щIа­­лэ Энхтайван Ариунболд. Мыбы ипэ­кIэ ди щIалэр абы тIэу хуэзати, тIэуми къыхигъэщIауэ щытащ. Иджы, зэрыжаIэу, Iэюб илъ ищIэжащ. 
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, иужьрей илъэс­хэм япэу ди къэралым и ныпыр дунейпсо зэхьэзэхуэм УФ-м и дзюдоистым и текIуэныгъэм и фIыгъэкIэ зэрыщаIэтамрэ гимныр къызэрыщрагъэуамрэ гулъы­тэншэу къагъэнакъым къызэгъэпэща­кIуэхэми, спортсменхэми, журналистхэми…
«Ди ныпымрэ гимнымрэ дыхуимыту илъэс куэдкIэ зыкъэдгъэлъэгъуащ икIи тхыдэ мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэм - ахэр къызэрыдатыжам - жэуаплыныгъэ зэры­пылъыр сщIэуэ утыкум сихьащ. 
СыгуфIащ икIи сригушхуащ ди къэралым и гимныр абы къызэрыщрагъэуам. Си гугъэмкIэ, ди спортсменхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу щытынущ адэкIи дызыхэтыну зэ­хьэ­зэхуэхэм ди къэ­ралым и гимныр къы­щ­ра­гъэ­уэным, ны­пыр я щIыхь­кIэ нэхъыбэрэ ща­Iэта зэрыхъуным хущIэкъуныр
Мыдрейуэ, Абу-Даби илъэс къэс нэхъ схуэугъурлы хъууэрэ макIуэ, сыту жы­пIэ­мэ, си япэ Тажышхуэр къыщыс­хьар мы къалэращ, мы спорт ­комплексыращ. Но­бэрей дыщэ медалым Олимп рейтингым хы­хьэ баллу зы мин къыдэкIуащ. Си дежкIэ абы мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ, ауэ, зэкIэ, ипэ силъадэр­къым. Псоми чэзу яIэщ. Сэ сыхущIокъу, си плъапIэхэм сыхуэкIуэфын хуэ­дэу, си лэжьыгъэр тэмэму зэтезубла зэрыхъуным.
 Иджырей зэхьэзэхуэм жэуаплъыныгъэшхуэ зэрыпылъыр зэ еплъыгъуэкIи гурыIуэгъуэт: илъэс куэдкIэ ди ныпыр тIыгъакъым, ди гимныр кърагъэуакъым, ауэ, фи фIэщ фщIы, нобэ хуэдэу сызэщIэкъуауэ, сымыпIейтейуэ, си къарум сыкъигъэгугъэу утыкум зэи сыкъызэримыхьар», - яжриIащ журналистхэм Блий Iэюб зэIущIэ нэужьым.
Къэралым и ныпым щIэту бэнэным ди щIалэм гушхуэныгъэрэ къарууэ къритыр зыхуэдизым теухуауэ жиIащ, абы утемыпсэлъыхьми зэрыхъунур - блынджабэ быдэм укъуэтым хуэдэщ. Ауэ, ­дауэ мыхъуми, Iуэхум пIейтеигъэ хэмыту зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзыращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дыщэ медалым и мы­хьэнэр куэдкIэ нэхъ инщ дыжьынымрэ домбеякъымрэ елъытауэ. 
«Ар щIыжысIэр, финалым къыщыс­пэ­щIэта монгол щIалэр ипэхэм къызэрыстекIуарщ – ар спортсмен Iэчлъэчщ икIи лъэщщ. Ауэ нобэ схузэфIэкIащ си бэ­нэкIэмкIэ ар Iэпхлъэпх сщIын.
Махуэр хьэлъащ нобэ, ауэ щынэхъ хьэлъаи щыIащ. Тыншу псори къысIэ­рыхьауэ схужыIэнукъым. Зэхьэзэхуэхэм хухаха зэманыр и кIэм нэсыху сыщыбэна зэIущIи, абы иджыри къыщыщIагъужаи хэтащ. Лэжьэгъуэ махуэм хуэдэщ, зэрыжаIэу», - дыщIигъужащ Блийм.
Журналистхэм яфIэхьэлэмэтт, те­кIуэныгъэр къихьа нэужь, ди спортсменыр телефонкIэ хэт деж япэу псалъэми зрагъэщIэну: «Псом япэу, си анэм деж сопсалъэ, камерэмкIэ изогъэлъагъу сы­зэрыпсэур, сызэрыузыншэр», - жиIащ абы.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Блий Iэюб и ныбжьыр илъэс 28-рэ мэхъу. УФ-м дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ. 2025 гъэм дунейпсо чемпионатым еща­нэ, европейм етIуанэ щыхъуащ, УФ-м и чемпионщ. Тажышхуэр ещанэу мы гъэм къихьащ. И хьэлъагъ елъытауэ зыхэт гупым (кг 60) ещанэу дунейпсо рейтингым щыщытщ. УФ-м и Президентым и ФIыщIэ тхылъыр 2024 гъэм къратащ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» етIуанэ нагъыщэ зиIэ орденым и медалыр мы гъэм къыхуагъэфэщащ. 
А псом щIыдгъужынщи, Блий Iэюб хуэдэ щIэблэ зиIэ лъэпкъым и къэкIуэнур дахэщ. Сэ абы шэч къытесхьэркъым! 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: