Ныр Сеф зыщагъэгъупщэркъым![]() УФ-м дзюдомкIэ щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и фэеплъ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым. Абы щызэпеуащ ди щIыналъэм и районхэм я бэнакIуэ ныбжьыщIэу 152-рэ, я ныбжькIэ илъэси 9-м щIимыгъуауэ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм чемпион щыхъуащ Кундаев Азэмэт (кг 25-рэ), Уэзрокъуэ Мухьэмэд (кг 27-рэ), Созэрыкъуэ Iэдэм (кг 29-рэ), Ало Сулеймэн (кг 32-рэ), Гаев Таулан (кг 35-рэ), Асанов Эмир (кг 38-рэ), Щэбэтыкъуэ Даниял (кг 42-рэ), ГъущIапщэ Уэсмэн (кг 46-рэ), КIэмпIарэ Астемыр (кг +46-рэ) сымэ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм я тренерхэр Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Борыкъуей Юрэ, Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Къуэшрокъуэ Астемыр, ГъущIапщэ Самир, Джэданэ Залым сымэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||





