1920 гъэм СССР-м щызэхалъхьауэ щыта экономикэ программэм мыхьэнэ къызэрымыкIуэ иIащ, къэрал абрагъуэм ток зэрырикIуэ кIапсэхэр щаукъуэдииным хуэгъэзауэ. Абы зэреджэр «ГОЭЛРО-м и плант».
Жылагъуэ экономикэр зыхуэдэнур электроэнергетикэм и щытыкIэ- зыужьыкIэм епхащ.
ЦIыхубэ хозяйствэм зэрызиужьынум и япэ къэрал план зэхэтыр къызэращтэрэ мы гъэм илъэсищэрэ тхурэ ирокъу. АтIэми, электрокъарур куэду зэгъэпэщынымрэ нэгъуэщI хэгъэгухэм абы щыщ утIыпщынымкIэ ди къэралым еплIанэ увыпIэр дуней псом щиIыгъщ. Урысейм и энергетикэ «хъы» (ЕЭС) зыфIащам Iыхьиблу гуэша и къудамэхэр щIыналъэ 70-м щыIэщ. Ахэр гуп-гупурэ щызэщIэгъэуIуащ къэралым и щIыналъэ зэхэтхэу Уралым, Сыбырым, КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Ищхъэрэ-КъухьэпIэм, Курыт Индылым (Волгэ и кум), Ипщэм, Щыхьэрым егъэщIылIам. Энергосистемэхэр киловольт 220 - 500-рэ зэрырикIуэ кIапсэ быдэшхуэхэмкIэ зэпыщIэжащи, дэтхэнэри адрейм къызэрыкIэрыху щымыIэу, псори зэдолажьэ.
УФ-м и электростанц псоми я лъэщагъыр, зэдгъэуIумэ, гигавольт 240-м ноблагъэ. «Гигавольтыр» къызэрыдгурыIуэ хъунур «вольтыр» зэкIэлъыкIуэу бгъуэрэ дгъэбэгъуэжмэщ. Зи гугъу тщIам зэхэту электрокъарууэ зы сыхьэтым къелэжь киловатт мелард 1053,8-м нызэрыхьэс.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытамкIэ, ди къэралым электростанц минрэ ныкъуэм нэблагъэ зыхыхьэ и энергетикэ зэгъэуIуар дуней псом щынэхъ инхэм икIи щIыуэпсым нэхъ емыгуауэхэм ящыщщ. А щытыкIэр кърикIуащ Iуэхум пэрыт IэщIагъэлI нэсхэм я лэжьыгъэ купщIафIэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и гугъу тщIымэ, Кавказ Ищхъэрэм и МРСК IуэхущIапIэм и республикэ къудамэм ди щIыналъэм токыр щызэбгреутIыпщыкI, ирикъуу къыщызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхугъуэ псори гъэхуауэ ирегъэкIуэкI. Токыр зэрыIуач, эрыIуадзэ, къэхъукъащIэхэм зэрыщахъумэ, зэрытраухуэ-зэрызэпащIэ Iэмэпсымэхэр арэзы укъэзыщIщ. ЩIымахуэм электросетхэр къызыхуэтыншэу хуагъэхьэзыращи, зэпыу ямыIэу лэжьэну хуагъэфащэ.
Мы зэманым ди республикэм, псори зэхэту, къыщагъэсэбэп киловольти 110 - 04-м хуэщIа уэгу кIапсэу километр мин 19-м нэблагъэр, мегаватт 140-м нызэрыхьэс зи лъэщагъ, киловольт 35-м къыщыщIэдзауэ 110-м нэсыху зэкIуалIэ подстанцу 72-р, киловольти 6-10/0,4 щагуэш трансформатор пункту 2370-р. ЩIыналъэм электростанцыщIэхэр къызэрыщыунэхуар хуабжьу щхьэпэщ токыр къэзыгъэсэбэпхэм ар къызыхуэтыншэу лъагъэIэсынымкIи…
БЭРАУ Бышэ.