Ди щIыпIэцIэхэр

Гъуай

ЩIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита КIуэкIуэ Жэмалдин зэригъэувамкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр хуэтхь хъунущ хы ФIыцIэ Iуфэм Iуса «гъуае» адыгэ лъэпкъыу натхъуэджхэмрэ шап­сыгъхэмрэ яхэзэрыхьыжам зэреджэу щытам. 
ПсыфIыпс (ПсыфI, ПсышIо, Псезуапсе) зи фIэщыгъэ псым (Лазаревск ипщэкIэ хы ФIыцIэм холъадэ) Iусыгъа къуажэми (адыгэхэр ирахуу, урысхэр абдежым итIысхьа иужь «Алексеевкэ» хъужам) а цIэр зэрихьэрт.
«Гъу(н)», «гъуа» псалъэхэм къы­техъукIагъэнущ «гъуей» жыIэ­кIэри. 
Абы дэ, къэбэрдейхэм, зэ­рытщIэщи, къидгъэкIыр «мэз дахэ-дахэу зэрымыт» мыхьэнэращ.

Гъоекъуэтх
(Гъуаекъуэтх, Гоекотх)

Псалъэ зэхэтыр зэпкърытхмэ, лъахэхутэхэм къалъытэр «гъуае лIакъуэр зыдэс къуэм декIуэкI шытх» жиIэу къикIыу. Мы сэнтхыр Псыущхъуэ Ин (ЩIоикъу-ФIеикъуэ) шапсыгъ къуажэ цIыкIум и Iэгъуэблагъэм щыIэщ.

Гъое къуладж
(Гъуае къуэладжэ)

КъикIыр нэрылъагъущ: «гъуае лIакъуэр зыдэс ныджэ е тIуащIэ» жыхуиIэщ. А цIэ дыдэр зэрехьэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Алексеевкэ урыс къуажэ цIыкIум деж ПсыфI (ПсышIо) щыхэлъэдэж псы бгъунжым. «Гъуае къуэла­джэр» къыщожьэ Дыгъугъутх бгым деж.

Гъуэтх

Бгым ущхьэдэзышу ТIуапсы къалэм ухуэзыунэтI гъуэгум де­кIуэкI тхыцIэщ, метр 336-рэ и ­лъагагъщ.
ИщхьэкIи зэрыщыжытIащи, «гъуае» фIэщыгъэ зэрихьэрт шапсыгъхэм (хэти натхъуэджхэм жаIэ) халъытэу къекIуэкIа лIа­къуэ щхьэхуэм. ЩIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр абы къытехъукIауэ къэ­зыбжхэр щIыщыIэри аращ. 
АтIэми, бзэщIэныгъэм ирилажьэхэм къагъэлъагъуэ етIуанэ еплъыкIэм дытехьэмэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр къызытехъукIагъэнур, «жыгбэгуц банапцIэр щытепщэ» е «жыг дахэ-дахэу зэ­рымыт мэз» мыхьэнэхэр къы­зэрыкI «гъуэш» псалъэрщ. Ауэ щыхъукIи, «Гъуэтх» щIыпIэцIэр зэрыщыту зыхуэгъэкIуапхъэр «мэз цIырхъ шытх» жыхуиIэрщ. 

Гъуакъуэ - Георгиевскэ

ТIуапсы и Iэхэлъахэм щыIэ ­Георгиевскэ къуажэм адыгэхэр зэреджэу щытар Гъуакъуэщ. Псалъэр IыхьитIу зэхэтщ: «Гъуэны»-рэ, «къуэ»-уэ. «Гъуэны» жыIэкIэр кIахэ адыгэхэр бжьэ матэхэм ­Iугъуэ зэрыщIагъэу удз лIэужьы­гъуэу дэ, къэбэрдейхэм, «жыг­кугъу» (омела белая) жыхуэтIэрщ. ЕтIуанэр зыхуэтхь хъунури гуры­Iуэгъуэщ.
Зи гугъу тщIы къуажэр Псынэкъуэ (Пшенаха) зи фIэщыгъэ псыхъуэ цIыкIуу ТIуапсы и тIуа­щIэм егъэщIылIам Iусщ.

Гъуапэжь

ТIуапсы къалэм егъэщIылIа Iэхэлъахэм щыIэ бгылъэ шытхщ, ЦIэпс (Цыпка, ПцIэпс) къуажэ цIыкIум ипщэ-къухьэпIэмкIэ къыдекIуэкI лъагапIэщ. 
Гъуапэжь псалъэр IыхьитIу зэхэтщ: гъуап (гъуапэ) - Iэгъуапэ мыхьэнэм хуэдгъакIуэ хъунымрэ «жьы» - «ин», «инышхуэ», «зэры­щыIэрэ зэманыфI дэкIа» егупсы­сыкIэм тедгъахуэмрэу. Мы щIы­пIэм щыIэ бгъуэнщIагъхэм я нэхъ­ гъэщIэгъуэн дыдэми «Гъуапэжь» цIэр зэрехьэ. 
Мыри къыжыIэпхъэщ. «Бдзэ­жьей» псалъэм пагъакIуэу кIахэ адыгэхэм «пцIэ» жыIэкIэри яIэщ. Аращи, щIыпIэцIэхэм зыдезыгъэхьэххэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зи гугъу тщIы лъагапIэр зыпэгъунэгъу къуажэ цIыкIум зэреджэри мыпхуэдэу зэпкърытх хъунущ: «Цыпка - ЦIэпс - ПцIэпс - Бдзэжьеипс» жыхуэтIэу. 

Гъуэнытх

ПсыфIыпэ (Лазаревск) къалэ цIыкIуу хы ФIыцIэ Iуфэм егъэ­щIылIам километр 19-кIэ (мэзы­лъэ IуащхьэхэмкIэ) пэжыжьэ Тхьэгъэпщ адыгэ къуажэм пэ­гъунэгъу шытххэм язщ. Лъахэху­тэхэм я нэхъыбэм зэрыжаIэмкIэ, псалъэр IыхьитIу зэхэтщ: «гъуэ­ны»-рэ «тхы»-уэ. 
Япэр, «гъуэны»-р, зэрыжытIащи, кIахэ адыгэхэр бжьэ матэхэм Iугъуэ зэрыщIагъэу удз лIэужьыгъуэм зэреджэщ. «Тхы» къэ­псэлъыкIэр, зэрынэрылъагъущи, къызэрыдгурыIуэ хъунур лъагапIэхэр зэпызыщIэ тхыцIэ (сэнтх) егупсысыкIэм техуэущ. Аращи, зэрыщыту къатщтэмэ, фIэщыгъэм къикIыр ди нэгу къызэры­тхущIэгъэувэнур «гъуэным щIигъэна шытх» мыхьэнэм хуэд­гъакIуэущ. 

Гъопсы - Гъуэпсы

Псы цIыкIум фIаща псалъэм и зэхэгъэувэкIэ хъуам теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. 
Абыхэм язщ «Адыгская (Черкесская топонимия)» тхылъ телъы­джэр зи IэдакъэщIэкI КIуэкIуэ Жэмалдин къигъэлъэгъуари. ЩIэныгъэлIым зэрытригъащIэмкIэ, фIэщыгъэр зэхэтщ «гъо» - «гъуэ» (ятIагъуэр зи тепщэ гъуэжьыгъэ), «псы» Iыхьэхэу, къызэрыдгурыIуэ хъунури «гъуэ­жьыпс» мыхьэнэм хуэдгъа­кIуэущ. 
Лъахэхутэ цIэрыIуэ Мерэты­къуэ Къасым (Адыгэ Республикэм щыпсэуащ) зэригъэувамкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэу «гъо» - «гъуэ» теплъэ зиIэр ди нэгу къы­зэрытхущIэгъэхьэнур «бгъуэн­щIагъ» егупсысыкIэм дыхуэ­зышэ «гъуэ» жыIэкIэм техуэущ. 
Мыбдежым зи гугъу щытщI «Гъуэпсы» псалъэр «ШIоикъу» («ФIеикъуэ», «Большое Псеушхо», «Псыущхъуэ Ин») шапсыгъ къуажэм къуэкIыпIэ лъэны­къуэмкIэ блэж псы цIыкIум и цIэщ. ШIоикъуэпс (ФIеикъуэпс) а жылэм блэкIа иужькIэ, Ныожъыепс (Ныуэжьыпс) зи фIэ­щыгъэ псы нэхъ иным холъэдэж. 

Гоноубат - Унэ-убэт

Иджырей Краснодар краймрэ Адыгэ Республикэмрэ я щIыналъэхэм щежэх псыщ. 
Бзэр зыджхэм зэрыжаIэмкIэ, «убэт» Iыхьэр «убэтэн» (кIахэ диалект) псалъэм къытехъукIащ, къызэрыдгурыIуэ хъунури «зэтезыкъутэ», «зэтезыубэ» мыхьэ­нэхэм хуэкIуэущ. Зэрыщыту къатщтэмэ, «Унэ къутэ» жыхуиIэщ. 
Пшэху (Пшаф) зыфIаща мэзылъэ шытхым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэм псы къуэпс цIыкIуурэ зыкъыщызэщIекъуэри, Шэнджий псы хъумапIэм холъэдэж.

Гнокопсе - Гыны-къуэ-псы

ТIуапсы щIыналъэм щежэх Агуий псым хэлъэдэж къуэпсхэм язщ. 
«Гыны» жыIэкIэр адыгэбзэм и шапсыгъ псэлъэкIэм (диалектым) къызэрыщыкIуэр «къэбыс­тэ» мыхьэнэ щиIэущ. «Къуэ», «псы» Iыхьэхэм къарыкIыр дэркIи гурыIуэгъуэу щыщыткIэ, фIэ­щыгъэр зэрыщыту къатщтэмэ, зыхуэтхь хъунур «къэбыстэ къы­щыкI къуэладжэ» жыхуэтIэущ. 
Агуий шапсыгъ къуажэм лъэ­ныкъуэкIэ къыщыщхьэщыт мэ­зылъэ шытххэм язым зэреджэр «Гыныкъопсытхщ».

Гочег Маф - ГъуэщIагъ махуэ

Адыгэ Республикэм пэгъунэгъу, иджырей Краснодар крайм хыхьэ Псыхуабэ (Горячий Ключ) зыгъэпсэхупIэм и Iэхэлъахэм щыIэ бгъуэщIагъщ.
Мывэ скъар лъагэу урысхэм «Петушок» зыфIащам пкърыт ­гъуэдыдж-гъуэжлау тIуащIэщ. Хъыбарыжьхэм къызэра­Iуэтэ­жым­кIэ, абазэхэхэм ящыщу укI­кIэ зи хьэкумыр (судыр) ящIахэм пIалъэ гуэркIэ зыщагъэбыдэу щыта екIуэлIапIэщ. ЗэрыжаIэ­жымкIи, зи псэр ягъэныну зытраIуахэм ящыщу а бгъуэнщIагъым зи лъэр нэзыхусыфахэм къытралъхьар хуагъэгъурт. Абы иужькIэ, «щтапIэ» ихьэжахэм, бгъуэнщIагъыр ябгынэрти, бгы нэхъ лъагэхэмкIэ яунэтIырт. Аращ зэпыщIа гъуэжлауитIым «ГъуэщIагъ махуэ» фIэщыгъэр щIытрагъэIукIауэ щытари.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: