НОБЭ

ЩIышылэм и 19, блыщхьэ

1847 гъэм «Кавказ» газетым тридзащ Адыл-Джэрий СулътIан и «Урыс-шэрджэс е адыгэ псалъалъэ, грамматикэ кIэщI щIыгъуу» тхыгъэр. 
1965 гъэм Май посёлкэр къалэ ящIащ. 
2010 гъэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр къызэрагъэпэщащ. 
1931 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, егъэджакIуэ Iэзэу щыта Жылау Нурбий. 
1974 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, КIэрашэ Тембот и щIыхькIэ щыIэ саугъэтым и лауреат, АР-м щIыхь зиIэ и журналист Дербэ Тимур. 

Дунейм и щытыкIэнур
 

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 4, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЗыщI нэхърэ еплъ нэхъ Iэзэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

13.02.2026 - 14:33 НОБЭ
12.02.2026 - 07:13 НОБЭ
11.02.2026 - 10:56 НОБЭ
10.02.2026 - 13:00 НОБЭ
09.02.2026 - 11:35 НОБЭ