Я зэфIэкIым хагъахъуэуНалшык къалэм и «Гладиатор», Кэнжэ къуажэм дэт «Вымпел» спорт комплексхэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэмрэ Къэзахъстанымрэ дзюдомкIэ я командэ къыхэхахэм я егъэджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэс.
НыбжьыщIэхэри балигъхэри зэхэту мы гъэм абы кърихьэлIащ УФ-м и спортсмену миным щIигъу. Дзюдоистхэм ядэлэжьащ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсакIуэхэу Иванов Дмитрий, Тау Азэмэт, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, еджапIэм и унафэщI Тау Сэфарбий я пашэу. Апхуэдэуи, абыхэм яхэтащ икIи и щIэныгъэхэмкIэ спортсменхэм ядэгуэшащ Олимп джэгухэм я чемпион Мудрэн Беслъэн.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 15:32 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр зэхуешэс
28.08.2026 - 13:30 →
Къасболэт екIуу утыку къокIыж
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
18.08.2026 - 13:43 →
Узыншагъэ быдэм и шэсыпIэ
16.08.2026 - 10:04 →
«Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зэдобакъуэ
| ||




