ЩIышылэм и 22, махуэку
УФ-м и ПВО-м и кхъухьлъатэдзэхэм я махуэщ
Нартыху гъэпIэнкIам и махуэщ
1517 гъэм мысыр шэрджэс мамлюкхэмрэ тыркудзэмрэ Каир пэмыжыжьэу зэзэуэн щыщIадзащ.
1943 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и щIыналъэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
1937 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщIу щыта, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ УнащIэ Розэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 0 - 2, жэщым щIыIэр градуси 5 - 6 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Iуэхуншэ псэлъэрейщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.