НОБЭ

ЩIышылэм и 27, гъубж

♦Нацизмэм ихьахэм я фэеплъым и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ

♦1941 гъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.

♦1968 гъэм Налшык Музыкэ театр къыщызэIуахащ.

♦1940 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэгъэжей Джонсон.

♦1947 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жырыкъ Заур.

♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Чэт Юрэ.

♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэгъун Руслан.

 Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ  щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм  градуси 3 - 6, жэщым  градуси 4 - 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ПщIэнтIэпс пщIэншэ хъуркъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ