Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Владикавказ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и спортсмен 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм екIуу зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медалитху абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Къэжэр Ислъамрэ (кг 74-рэ) Мер Маирбэчрэ (кг 70) икIи щIалитIми Iэмал ягъуэтащ дунейпсо зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр мы гъэм щагъэлъэгъуэну.
Килограмм 65-рэ зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ Гергоков Саидрэ Iэщын Алихъанрэ дыжьын медалхэр къахьащ икIи европей зэхьэзэхуэм тIури хэтынущ.
Хасауов Смаил килограмм 78-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ щыхъуащ.
Ди командэм и тренерхэр Нэхущ Руслан, Урыш Анзор, Анчокъуэ Мурат, ЗэкIуий Арсен, Ажоев Азэмэт, Ажоев Исуф, Абрэдж Арсен, Мисиров Елдар сымэщ.
Ставрополь щызэпоуэ
Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Ставрополь крайм и Суворовскэ къуажэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм я спортсмену 200-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 16 хъухэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
КъищынэмыщIауэ, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм я деж япэ увыпIэхэр щаубыдащ Къудей Алим (кг 60), Хьэжумар Рустам (кг 75-рэ), Хьэрис Азнаур (кг 80) сымэ.
Килограмм 63-рэ зи хьэлъагъхэм я деж Динаев Билал етIуанэ щыхъуащ. Газаев Муса (кг 54-рэ), Дыкъынэ Ибрэхьим (кг 48-рэ), Гъыдэ Ислъам (кг 57-рэ), Хъымбэзэр Кемран (кг 63-рэ) сымэ ещанэ увыпIэхэр яубыдащ.
Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Гулиев Малик, ФочыщIэ Альбиян, Рэмэзан Аскэр, Къудей Албэч, Куэшмэн Аслъэн сымэ.