Мазаем и 18, бэрэжьей
♦Урысей Федерацэм и Транспорт полицэм и махуэщ
♦УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэхэр зыхуей хьэпшыпхэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ къызэзыгъэпэщ и IэнатIэм и махуэщ
♦1924 гъэм Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу къыщызэIуахащ.
♦1943 гъэм Адыгэ Республикэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1928 гъэм къалъхуащ КъШР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Арэшыкъуэ Къанщауэ.
♦1935 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Хьэсэн.
♦1939 гъэм къалъхуащ критик, литературэдж, УФ-мрэ Адыгеймрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик ШащIэ Къазбэч.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 10, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 3-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи напщIэ темылъ тумылъхьэ.