Назрань къалэм къащыпоплъэ

Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Грознэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 250-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм бэнакIуэ 47-рэ щыIащ икIи абыхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ Жэмыхъуэ Марат (кг 66-рэ), Къуныжь Ролан (кг 90), Хъуран Каринэ (кг 48-рэ) сымэ. 
КъуэщIысокъуэ Амырхъан (кг 60), Къуныжь Темырлан (кг 90), Къуэдзокъуэ Иланэ (кг 48-рэ), Мисировэ Каринэ (кг 52-рэ) сымэ ещанэ хъуахэщ. КIуж Темырлан етхуанэщ. 
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIихыр къыщызыхьахэр урысейпсо зэпеуэм хэтынущ. Ар мы гъэм гъатхэпэм и 27 - 30-хэм Ингушым и Назран къалэм щекIуэкIынущ.
Ди командэм и тренерхэр Емкъуж Рустам, Джэданэ Залым, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ сымэщ. 
 
                                                                 Мэзкуу зыкъыщагъэлъагъуэ
«SEIKEN OPEN CUP» фIэщыгъэр зэрихьэу киокушин каратемкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэрал I6-м я спортсмену I500-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм зэхьэзэхуэм медалищ къыщахьащ. Бахъсэн Темырланрэ (кг 70) Жамбей Астемыррэ (кг 80) зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ, Урысбий Елдар (кг 85-рэ) етIуанэ хъуащ. 
Абы нэмыщI, Биткаш Ашур текIуэныгъэм ерыщу зэрыхущIэкъуам папщIэ, саугъэт щхьэхуэ къратащ.
ЩIалэхэм ядэлажьэр КIэш Даутрэ Биткаш Давидрэщ.
 
                                                                  ЛIыхъужьхэм я щIыхькIэ
ММА-КФЛ-мкIэ зэхьэзэхуэ Ингушым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Ар дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я фэеплъу щытащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ящыщу я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Степанян Арташ, Къардэн Темырлан, Къаздэхъу Къантемыр, ХъуэкIуэн Хьэдис, Биттуев ТIэхьир сымэ.
Имамиев Ильнур, Нарбаев Анар, Ульбашев Казбек, Мэзыхьэ Хьэсанш, Къуэжьокъуэ Дамир, Ащнокъуэ Алихъан, Бэлэтокъуэ Ислъам сымэ етIуанэ хъуащ. 
Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ КIэрэф Алан, Щоджэн Амиран, Чэт Темболэт, Къуэдзокъуэ Инал, КIуащ Саид, Трамэ Азэмэт, Щоджэн Имран, Понэж Алимбэч, Щоджэн Кемран, Бабаев Кемран сымэ. 
Командэм и тренерыр Азизов Хъанларщ. 
 
                                                                 Чемпионатым къыщыхожаныкI
Урысей Федерацэм джиу-джитсумкIэ и чемпионату Санкт-Петербург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIам спортсмен 500-м нэблагъэ хэтащ. Ар къызэрыхахыу щытащ – текIуахэр дунейпсо чемпионатым хэтынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм спортсменибл щыIащ икIи абыхэм ящыщу Абдулвадудов Расул медалитI къихьащ: «No Gi» унэтIыныгъэмкIэ – дыщэу, «Gi»-мкIэ – домбеякъыу. Джигистанов Iиляс «Gi»-мкIэ япэ хъуащ, Темеев Хьэсэн унэтIыныгъитIымкIи домбеякъ медалхэр къихьащ. 
ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Шыхъуэстэн Русланрэ Юнус Рустамрэ. 
БЭБЭЧ Болэ.
Поделиться: