Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Мазаем и 24, гъубж
♦1915 гъэм къалъхуащ драматург, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Щхьэгъэпсо Мухьэмэд.
♦1942 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Алшагъыр Борис.
♦1958 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Ерчэн Темболэт.
Дунейм и щытыкIэнур
pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3 - 4, жэщым градус 0 - 2 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 3-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дыгъужьыдзэ Iутщ, бажэкIэ пытщ.