НОБЭ

Мазаем и 26, махуэку

1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Щауэ Къалидар. 
1953 гъэм къалъхуащ адыгэ сурэтыщI, IуэрыIуатэдж, РАХ-м и дипломант, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник ГъукIэ Замудин. 
1965 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистаным щызэуахэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта, къэрал дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ зыхуагъэфэща Тхьэгъэлэдж Тимур. 

Дунейм и щытыкIэнур 

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 - 2, жэщым щIыIэр зы градус щыхъунущ. ЩIым и малъхъдис щытыкIэм балли 3-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
УкIытэншэ пэшэгъу умыщI.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ