Гъатхэпэм и 11, бэрэжьей
УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 - 11, жэщым градус 0 - 1 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узыщысхь щыкъур мэкъутэ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.