Спорт зэIущIэхэрТеррорым и бийуэ «КъБР-м экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щымыгъэIэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ «Спортыр террорым и бийщ» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ зэхьэзэхуэ. Ар траухуат терроризмэм пэщIэтынымкIэ Лъэпкъ комитетыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 зэрырикъум. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ республикэм и спортсмен ныбжьыщIэу 87-рэ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Нот Алим (кг 42-рэ), Дыкъынэ Руслан (кг 45-рэ), Битокъу Айдэмыр (кг 48-рэ), Пщыунэ Дамир (кг 51-рэ), Къардэн Мухьэмэд (кг 55-рэ), Жылокъуэ Iэдэм (кг 60), Тыгъуэн Темырлан (кг 65-рэ), КъуийцIыкIу Амир (кг 71-рэ), ХъуэкIуэн Илъхъам (кг 80), Хъуран Астемыр (кг 92-рэ) сымэ. Уэзенжокъуэ Казбек (кг 42-рэ), Алмэ Ренат (кг 45-рэ), ГъуэплъащIэ Iэдэм (кг 48-рэ), Тэркъан Алихъан (кг 51-рэ), Чочуев Имран (кг 55-рэ), Темырчы Темырлан (кг 60), Гаев Мансур (кг 65-рэ), Урчуков Къурмэн (кг 71-рэ), Мэремщауэ Аслъэн (кг 80), Былымгъуэт Хъусен (кг 92-рэ) ещанэ хъуахэщ. Домбеякъ медалхэр къахьащ Исаев Дени (кг 42-рэ), Бекъан Ислъам (кг 45-рэ), Хьэкъул Къаплъэнрэ Лосэн Кемранрэ (тIури кг 48-рэ), Табыхъу Сэлмэн (кг 51-рэ), Махуэ Темыркъан (кг 55-рэ), Ахэмын Къаурбэчрэ Морозов Тимофейрэ (тIури кг 60), ГъукIакъуэ Казбекрэ Мэкъуауэ Амирланрэ (тIури кг 65-рэ), Уэтэр Залымрэ Къанщыкъуей Атмиррэ (тIури кг 71-рэ), Начо Анатолэрэ Гуащокъуэ Идаррэ (тIури кг 80), Тэнащ Iэдэм (кг 92-рэ) сымэ. Иджы Чехов къалэм къащыпоплъэ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм боксымкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 22-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 183-рэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 16 хъухэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и боксерхэм зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медаль зэхуэмыдэу 17 абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Конаков Амир (кг 46-рэ), Дыкъынэ Ибрэхьим (кг 48-рэ), Хъымбэзэр Кемран (кг 63-рэ), Туменов Имран (кг 66-рэ), Къанокъуэ Раад (кг 80) сымэ. ПщыукI Дамир (кг 52-рэ), Гъыдэ Ислъам (кг 57-рэ), Суйдым Болэт (кг 60), Уэрыш Аслъэн (кг 63-рэ), Къэжэр Iэдэм (кг 66-рэ), Аспиев Хьэмзэт (кг 75-рэ) сымэ етIуанэ увыпIэхэр къахьащ. Ещанэ хъуахэщ Нэгъуейалий Хьэсэн (кг 46-рэ), Шохаев Исмэхьил (кг 54-рэ), Динаев Билял (кг 63-рэ), АфэщIагъуэ Къасым (кг 80), Фарзалиев Ислъам (кг 80) сымэ. Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ икIи абы япэ увыпIэхэр щызыубыдахэр хэтынущ мы гъэм мэлыжьыхьым и 15 - 16-хэм Мэзкуу областым и Чехов къалэм щызэхашэну урысейпсо зэпеуэм.
Поделиться:
Читать также:
20.04.2026 - 10:30 →
Бозигит и текIуэкIэ гъэщIэгъуэныр
16.04.2026 - 11:26 →
Къумыкъур ещанэщ
15.04.2026 - 13:00 →
БищIо Даянэ и дыщэ медалыр
10.04.2026 - 14:37 →
Шэджэм щIыналъэм и бэнакIуэхэр
09.04.2026 - 18:32 →
Спорт хъыбархэр
| ||





