Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Гъатхэпэм и 20, мэрем ЩIым и дунейпсо махуэщ 1944 гъэм Докшукинэ спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ. 1992 гъэм «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэмрэ «Дыщэ вагъуэ» медалымрэ ягъэуващ. 1910 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы. 1967 гъэм къалъхуащ композитор, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдокъуэ Юрэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 9, жэщым градуси 4 - 6 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Жьым тесу псым йопыдж.