НОБЭ

Гъатхэпэм и 30, блыщхьэ

Урысей вулканологхэм я махуэщ 
1934 гъэ
м къалъхуащ Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд. 
1941 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Дэбагъуэ Хьэсэн. 
1946 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ щыта, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Къэрал Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Хъупсырджэн Албэч. 
1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Бажэ Дотий. 
1961 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и унафэщI-редактор, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист ЖьэкIэмыхъу Маринэ. 
1973 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Къардэн Хьэсэн. 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 15, жэщым градуси 8 - 10 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи нэгу къабзэм игури къабзэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

10.07.2026 - 13:00 НОБЭ
09.07.2026 - 09:53 НОБЭ
08.07.2026 - 16:05 НОБЭ
07.07.2026 - 09:00 НОБЭ
06.07.2026 - 11:46 НОБЭ