НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 2, махуэку

Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ

Белоруссиемрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ

1911 гъэм Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.

1948 гъэм адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.

1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Рае.

 1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.

1944 гъэм къалъхуащ бзэ щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Абдокъуэ Iэуес.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 17, жэщым градуси 9 - 11 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Iей пщIауэ фIы ущымыгугъ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

11.09.2026 - 12:10 НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 НОБЭ
09.09.2026 - 12:28 НОБЭ