НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 6, блыщхьэ

♦Зыужьыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ яхуэлажьэ спортым и дунейпсо махуэщ

♦УФ-м и МВД-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ Геологым и махуэр

♦1937 гъэм къалъхуащ дирижёр, композитор, УФ-ми Къалмыкъ Республикэми я цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Темыркъан Борис.

♦1939 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Адыгэ къэрал университетым и профессор Бырсыр Батырбий.

♦1941 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ АбытIэ Хъызыр.

♦1948 гъэм къалъхуащ психологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къэбардэ Мухьэмэд.

♦1958 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор ХъуэкIуэн Мурат.

♦1963 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Джэш Рахьмэт.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 15, жэщым градуси 9 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Си ныбэ изщ жыпIэу гъуэмылэншэу уемыжьэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

11.09.2026 - 12:10 НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 НОБЭ
09.09.2026 - 12:28 НОБЭ