НОБЭМэлыжьыхьым и 8, бэрэжьей ♦Урысей анимацэм и махуэщ ♦УФ-мрэ Белоруссиемрэ я дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ ♦1918 гъэм адыгэ узэщIакIуэ, щIэныгъэлI Сихъу Сэфарбий и усэхэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ. ♦1908 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щыщ парт, совет лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Чэмокъуэ Аслъэнджэрий. ♦1938 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыкъуэ Къаплъэн. ♦1945 гъэм къалъхуащ Адыгеймрэ УФ-мрэ я цIыхубэ сурэтыщI, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къат Теучэж. ♦1957 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 9, жэщым градуси 3 - 5 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж.
Поделиться:
Читать также:
20.04.2026 - 11:12 →
НОБЭ
17.04.2026 - 17:26 →
Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэм дащывгъэсхь
17.04.2026 - 10:47 →
НОБЭ
16.04.2026 - 09:22 →
НОБЭ
15.04.2026 - 14:35 →
НОБЭ
| ||





