Спорт хъыбархэрКърымым загъэхьэзыр Кавказ Ищхъэрэм ММА-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Черкесск къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и спортсмен лъэщхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медалу 8 абы къыщихьащ: 1-р дыщэу, 5-р дыжьыну, 2-р домбеякъыу. КъищынэмыщIауэ, иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэхэм икIахэр хэтынущ УФ-м ММА-кIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мэлыжьыхьым и 25 - 29-хэм Кърымым щызэхашэну зэIущIэм. Ди командэм ядэлажьэр Чэлимэт Амир, Жантудуев Азэмэт, Шэрий Астемыр, Лабазанов Садиртин, Дзагуэ Руслан, Куэший Елдар сымэщ.
«Псори фыкъытхыхьэ» фIэщыгъэр зэрихьэу ЦСКА-м футболымкIэ и клубымрэ Налшык къалэ администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и управленэмрэ зэгъусэу ди къалащхьэм къыщызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм я топджэгу ныбжьыщIэхэр. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм япэ увыпIэр къыщихьащ Владикавказ и «ЩIалэгъуэ» командэм, етIуанэ хъуащ Новороссийск и «Два мастера» клубыр, ещанэр Псыхуабэ и «НыбжьыщIэ» топджэгу гупырщ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр, фэеплъ сагъэтхэр иратащ. ЧЭМОКЪУЭ Мылэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
14.05.2026 - 17:00 →
СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
12.05.2026 - 18:31 →
Спорт хъыбархэр
08.05.2026 - 14:44 →
КъэралитIым зыкъыщагъэлъагъуэ
06.05.2026 - 15:59 →
Спорт хъыбархэр
| ||




