НОБЭМэлыжьыхьым и 10, мэремФашизмэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Зэдэлъхузэшыпхъухэм я дунейпсо махуэщ
1945 гъэм Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. 1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
1897 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ бзэщIэныгъэ еджагъэшхуэ Iэщхьэмахуэ Даут.
1942 гъэм къалъхуащ СССР-м щIыхь зиIэ и энергетик, Урысейм и ЕЭС-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и энергетик Хьэмыкъуэ Ахьмэд.
1956 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ.
1958 гъэм къалъхуащ радиожурналист Гъурф Бэллэ.
1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Лу Рэмэзан.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 - 8, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:Пщы зыфIэпщым пщылI къыпфIещ.
Поделиться:
Читать также:
11.08.2026 - 09:07 →
НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 →
МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 →
Нобэ
06.08.2026 - 09:49 →
НОБЭ
05.08.2026 - 12:45 →
НОБЭ
| ||




