Кхъэр ягъэкъабзэ![]() IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм. Кхъэр куэншыб идзыпIэ зэращIам къалэдэсхэр тегузэвыхьу зыкъыхуагъэза нэужь, КъБР-м и Парламентым и депутат, «Урысей зэкъуэт» фракцэм хэт Марцуль Олегрэ ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ управленэм и унафэщI Маар Евгенийрэ щIыпIэм кIуащ, абы и щытыкIэр къапщытэну. КъулыкъущIэхэм зрагъэлъэгъуащ пхъэнкIийр зэрыIуашыр, щIыпIэр зэIузэпэщ зэращIыр, кхъэр дяпэкIэ зэлъыIухауэ щытын папщIэ щIапхъэхэр яубзыхуащ. Марцуль Олег къыхигъэщащ апхуэдэ щIыпIэхэр къабзэу зехьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Кхъэлъахэр зыхуей хуэгъэзэным дунейм ехыжам хуэтщI пщIэм и закъуэкъым къигъэлъагъуэр, атIэ ар дэ тхэлъ хабзэмрэ жэуаплыныгъэмрэ я нэщэнэщ. Дыхуэвгъэсакъ мыпхуэдэ щIыпIэхэр сыт щыгъуи зэлъыIухауэ щыгъэтыным», - жиIащ депутатым. Iуэхур IутIыж махуэшхуэр къэмыс щIыкIэ зэфIагъэкIыным йогугъу лэжьакIуэхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, махуэшхуэм ирихьэлIэу ар зыхуей хуагъазэмэ, цIыхухэр щыгуфIыкIынущ, арэзы хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
15.05.2026 - 09:52 →
НОБЭ
14.05.2026 - 09:03 →
НОБЭ
13.05.2026 - 13:33 →
НОБЭ
12.05.2026 - 16:24 →
БэлэрыгъыпIэм дизыш
12.05.2026 - 11:14 →
НОБЭ
| ||





