Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
♦Урысей Федерацэм и тенджыз Iуфэ лъэсырыкIуэдзэм и махуэщ. 1705 гъэм Пётр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ «тенджызым и Iуфэм къулыкъу щызыщIэну сэлэт полк» къызэгъэпэщыным теухуауэ. ♦Уасэ зыгъэувым и махуэщ ♦1730 гъэм Урысейм и Сенатым къыдигъэкIащ «ЩIымахуэ лъэхъэнэм Москва и уэрамхэр къызэрагъэнэхуну абдж уэздыгъэхэр щIыным теухуауэ» унафэр. ♦1918 гъэм Украинэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ. ♦1922 гъэм Урысейм къыщыдагъэкIащ ахъшэщIэ - совет тумэнхэр. ♦1939 гъэм къалъхуащ РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Польских Галинэ. ♦1940 гъэм къалъхуащ америкэ актёр цIэрыIуэ Брюс Ли. ♦1946 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Хьэжы Анатолэ. ♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дадэ Суфэдин. ♦1957 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид. ♦1960 гъэм къалъхуащ политик, Украинэм и премьер-министру щыта Тимошенкэ Юлие. ♦1961 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м и Президентым и ЩIыхь тхылъыр, ТЭФИ саугъэтыр зрата Андреевэ Екатеринэ. ♦1963 гъэм къалъхуащ актёр, режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Машков Владимир. ♦1982 гъэм къалъхуащ урысей футболист, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, къэралым и гъуащхьауэ нэхъыфIхэм ящыщ Кержаков Александр.
Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 5 - 6, жэщым щIыIэр градуси 3 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: ИмыIэфI щыгугъым и выфIитI фIокIуэд.