Мэлыжьыхьым и 23, махуэку
Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
1943 гъэм СССР-м и Совнаркомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1912 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Теунэ Хьэчим.
1942 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, Абхъаз Республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан.
1961 гъэм къалъхуащ республикэм и псыщIэгъэлъадэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Тохъу Мухьэмэд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Махуэм хуабэр градуси 7 - 8, жэщым градуси 5 - 6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
КъуэгъэнапIэ фочауэщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.