Спорт хъыбархэрБоксым и махуэт Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Ставрополь щIыналъэм и Суворовскэ станицэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы гупурэ гуэшауэ щызэпеуащ илъэс 13 - 14 хъу ныбжьыщIэхэр, илъэс 19 - 22-рэ зи ныбжь щIалэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьыщIэхэм ящыщу япэ увыпIэхэр къахьащ Малкаров Маратрэ Кожашев Эмиррэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Шурдым Беслъэн, Шыкъ Дамир, Теваев Амерлан сымэ. Ещанэ увыпIэр къахьащ Вэрокъуэ Амир, Кулиев Уэсмэн, Джыназ Имран, Шыдгын Iэдэм, Бачиев Тенджыз сымэ. НыбжьыщIэхэм я тренерхэр ФочыщIэ Албиян, Малкаров Муслим, Вэрокъуэ Беслъэн, Занилэ Мурат, Гелястанов Марат, Мэзыхьэ Резуан, Шурдым Рустам, Жанатаев Руслан сымэщ. Гъубжокъуэ Рустам щытекIуащ щIалэхэм я зэхьэзэхуэм. Умар Темырлан етIуанэ хъуащ, Къуныжь Темырлан ещанэщ. ЩIалэхэм ядэлажьэр Мэзыхьэ Резуан, Сасыкъ Анзор, КIэрэф Арсен сымэщ.
Шабзауэхэр зэпоуэ «Кавказым и шабзэшэхэр» фIэщыгъэр зезыхьэ, шабзэкIэ нэщанэ еуэным хуэунэтIауэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Ставрополь щIыналъэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Шэшэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым я спортсмену 50-м щIигъу. Ди республикэм и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм хэтащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Олимп джэгухэм хэтыфынухэр щагъэхьэзыр и спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи ехъулIэныгъэфIхэр абы щызыIэрагъэхьащ. КъызэрыгуэкI шабзэкIэ цIыхухъу балигъхэм ирагъэкIуэкIа зэпеуэм (метр 70-кIэ нэщанэм пэжыжьэу) щытекIуащ Гъурыжь Инал. Мыбдежым бзылъхугъэхэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Кулюшинэ Янэ, Бжьахъуэ ФатIимэ ещанэ хъуащ. ЩIалэщIэхэм я зэпеуэм щытекIуащ (метр 60-м) Уэзрокъуэ Айдэмыр, хъыджэбзхэм я деж япэ щыхъуащ Стрельниковэ Аннэ, Рахманкуловэ Даринэ етIуанэщ, Къардэн Тамарэ ещанэщ. ЩIалэ цIыкIухэм я зэхьэзэхуэм (метр 30-м) япэ увыпIэр щиубыдащ Дыщокъуэ Батыр. Хъыджэбз цIыкIухэм я деж Моссад Сальмэ япэ, Ныр Каринэ ещанэ щыхъуахэщ. Зэхьэзэхуэхэр къызэрыхахыу щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ УФ-м и чемпионатымрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэпеуэмрэ. Ахэр щекIуэкIынур Краснодар къалэрщ, мы гъэм мэлыжьыхьым и 23 - накъыгъэм и 2-хэм. Ди спортсменхэм ядэлажьэр Кулюшинхэ Александррэ Натальерэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




