МэзгъэфIэнхэм дызэдегугъумэ

«Марш парков» зыфIаща Iуэхугъуэхэр 2026 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м къыщегъэжьауэ и 26-м нэсыху къэрал 214-м щрагъэкIуэкI. Лэжьыгъэр хуэгъэзащ ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм нэхъ лейуэ гулъытэ хуэщIыным. Мыгъэрейм дыкъызыхуриджэр «Лъахэм и псынэпсхэр - гъащIэ щызыгъэIэщ!» («Родная природа – источник воды для жизни!») жыхуиIэрщ.
«Марш парков» щIыхьэхухэр, и къызэгъэпэщакIуэхэр зэреплъымкIэ, хэгъэгухэм я зэхуаку къыщыхъу икIи я зэхуэдэ жылагъуэ Iуэхущ, зыхущIигъэуIуэм цIыхухэр къыхуриджэу. Зыхуэгъэзар сыт жытIэмэ, мэзкъуэдыхэмрэ щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэмрэ, мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ яхуэсакъынымрэ зэрыщытауэ къызэтегъэнэнымрэщ. 
Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ хэзыгъэщхьэхукIахэр зэгупсысар, дауи, а IуэхумкIи ЩIы Хъурейм и экосистемэр къегъэлаи хъумаи зэрыхъунырщ. АтIэми, дыкъэзыухъуреихь Iэхэлъахэм, абы щхьэкIи къыщымынэу, щIыуэпсыр нэхъри зэрыщызэIыхьэр къэтлъытэмэ, щытыкIэм аркъудейкIи зэрызимыхъуэжынур нэрылъагъущ. А псом къахэкIыуи мыхьэнэшхуэ зиIэщ тщыщ дэтхэнэми, и унэ-лъапсэм деж къыщригъажьэу, къедза и Iэхэлъахэр зэлъыIуихын, игъэдэхэн зэрыхуейр къыгурыгъэIуэным. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэщ зыхуэныкъуэр къалэхэми къуажэхэми дэсхэр. 
Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм мы махуэхэм мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ цIыхухэр щызэхуашэс, кIэрыхубжьэрыхухэр щызэщIакъуэ, псынащхьэхэр щагъэкъабзэ, жыгыщIэхэр щагъэтIыс, дерс купщIафIэхэм щыщIагъэдэIу, щызэрихьэлIэхэр я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэдогуашэ. 
Дэтхэнэ хэгъэгу емыхьэлIами, абыхэм япкъ къикIыр зыщ: IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щылажьэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, ди планетэм цIыхуу тес псори «ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм» гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрыхуэсакъыпхъэм егъэгупсысынырщ, щIыпIэ пхыдзахэр зи хэщIапIэ хьэкIэкхъуэкIэхэр, къэкIыгъэхэр щытыкIэ гугъу зэриувам, зэрыщыту къатщтэмэ, езы жылагъуэр щыгъэгъуэзэнырщ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэн зэрыхуейм къытщIэхъуэ щIэблэр хуэущиинырщ.

БлэкIам къызэрыхэщыжу

«Марш парков» жыхуаIа япэ щIыхьэхур 1990 гъэм США-м щрагъэкIуэкIат. Илъэс зыбжанэ дэкIри, 1995 гъэм «Лъэпкъ паркхэмрэ мэзкъуэдыхэмрэ» я махуэхэри хагъэунэхукIащ. 
Ди къэралыр, «ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсыр хъумэнымкIэ центр» и псапащIэ фондым и жэрдэмкIэ, мы Iуэхум щыхыхьар 1996 гъэращ. Мы зэманым ар Урысей Федерацэм щызэдаIэт ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм, къэралым дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм («Росприроднадзор»), ЩIыпIэ пхыдзахэмрэ абыхэм щыпсэу псэущхьэхэр хъумэнымкIэ центрым, жылагъуэм. 
Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, Урысейм мэзкъуэды япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщауэ щытар I9I6 гъэм дыгъэгъазэм и 26-рщ (щIэмкIэ - 1917 гъэм щIышылэм и 11-рщ). Япэ дунейпсо зауэр здекIуэкIым, Байкал хыжьейм къедза Баргузин шытхым (Бурятие щIыналъэ) къуэкIыпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIум щагъэбелджылат хэхауэ яхъумэну щIыгур. Абы и къалэныр нобэр къыздэсми егъэзащIэ. 
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэпIэзэрытыкIэм кIэрымыгъэхунымкIэ цIыхухэм дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу яIэр - езы щIыуэпсым и экосистемэхэрщ, нэгъуэщIу жытIэмэ, зы жыпхъэм тету, пкъынэ-пкъынэу щызэрыубыда и Iыхьэшхуэхэрщ. 
Фигу къызэрыдгъэкIыжыну, 2021 гъэм къыщегъэжьауэ 2030 гъэри хэту, зэкIэлъхьэужь илъэсипщIыр, ООН-м и жэрдэмкIэ, экосистемэхэр (губгъуэхэри, псыпцIэхэри, мэзхэри къызэщIаубыдэу) зэтегъэувэжыным хухахащ. 

Гу лъытапхъэщ

- Урысей Федерацэм цIыхуIэ зылъэмыIэс и щIыпIэ пхыдзахэм я нэхъ ин дыдэр Ищхъэрэ Жыжьэм щыIэ «Арктическэ» зыфIащарщ. 
- Ди къэралым хэгъэгу мыхьэнэ щызиIэ и мэзгъэфIэнхэм псори зэхэту къызэщIаубыдэ километр зэбгъузэнатIэу 340-м щIигъу. Ар, зэхэлъхьэжауэ, хуэдизщ Финляндием иIыгъ щIыгум. 
- 1923 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м Воронеж къалэм къедза Iэгъуэблагъэм къыщызэIуахащ УФ-р зэрыгушхуэ биосферэ мэзкъуэды.
- Урысей Федерацэм ит мэзгъэфIэнхэм ящыщу 21-р «ЮНЕСКО-м и биосферэ резерват» пщалъэм хуэкIуэу къалъытащ. Ар къыщыхъуар 1998 гъэращ. 
- Дызэрыт лъэхъэнэм ди къэралым «ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыгуу» 110-м нэблагъэ щибгъуэтэнущ. А псоми я Iыхьэ щанэр ЮНЕСКО-м и биосферэ хъумалъэу къалъытэ икIи дыкъэзыухъуреихь Iэхэлъахэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм хабжэ. Абыхэм ящыщщ Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ бгыщхьэхэмкIэ щаIэ я щIы Iыхьэшхуэу «Кавказ биосферэ мэзкъуэды» зыфIащари. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псоми мэши щащIэркъым Iэщи щыхъуакIуэркъым. 
- 2026 гъэм цIыхухэр дыкъызыхуриджэ, «Лъахэм и псынэпсхэр - гъащIэ щызыгъэIэщ!» жыхуиIэм къытедгъэзэжу дызригъэгупсысыр дызэфэ хъу псыр ЩIы Хъурейм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм зэращыщырщ, абы и хъумэнымрэ зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпынымрэ цIыхуцIэ зиIэм дежкIэ къыгуэхыпIэ зимыIэ къалэн нэхъ пажэхэм ящыщ зыуэ къызэрыувырщ. А къэщIыгъэ телъыджэм ди планетэр зэрыхущыщIэ щымыIэу къытщыхъуми, узэфэ хъуну къалъытэр щIыналъэ бжыгъэм щымащIэ дыдэщ, цIыху меларди 2,5-м щIигъум зыдагъэжэх псыри арэзы лъэпкъ узытемыхъуэнщ. ЩIым гъащIэ щызыгъэIэ а ткIуаткIуэ телъыджэр ярикъуу къызыIэрыхьэхэм ящыщ дэри дегупсысыпхъэщ ар зэдгъэзэхуэн зэрыхуейм. 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ