Мэлыжьыхьым и 28-р Лэжьыгъэр хъумэным и махуэщ

2003 гъэм къыщегъэжьауэ, мыр, Лэжьыгъэ IэнатIэм шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщынымрэ узыншагъэр щыхъумэнымкIэ махуэр, гъэ къэс зэдагъэлъапIэр Лэжьыгъэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм хэт хэгъэгухэм. 
2026 гъэм Урысей Федерацэм Лэжьыгъэр хъумэным и махуэр 24-у щагъэлъапIэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэр лэжьапIэ IэнатIэхэм цIыхухэм я узыншагъэм зэраныгъэ къахуэзыхьынкIэ хъуну щытыкIэхэм щакIэлъыплъынырщ. 
Лэжьыгъэр хъумэным и махуэр зэдаIэт IэнатIэхэм шынагъуэншагъэ щыгъэIэныр зи пщэ иралъхьа инженерхэм, IуэхущIапIэм щызэтраухуэ хабзэ-бзыпхъэхэр зыгъэувэхэм, IэщIагъэм щыхуагъасэ еджапIэ зэмылIэужьыхэм щIэсхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ. 
Мы махуэм къызыхуриджэр илъэс къэс зэрахъуэкI. 2026 гъэм ар зытраухуар «ЛэжьакIуэхэм я зэхуаку зэхущытыкIэ дахэ дэгъэлъыныр – езыхэр ефIэкIуэнымрэ IэнатIэм зиужьынымкIэ джэлэсщ» зыфIащарщ. 2025 гъэм и къыхуеджэныгъэу щытар «Лэжьыгъэр хъумэнымкIэ бгъэдыхьэкIэхэм зегъэужьын: акъыл IэрыщIымрэ бжыгъэхэм тещIыхьа технологиемрэ IэнатIэхэм къыщыгъэсэбэпын» жыхуиIэрщ. Дапхуэдэу мыхъуами, Iуэхур зытеухуэжар IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм насыпыншагъэ къыщымыгъэхъунырщ, Iутхэм фэбжь хемыгъэхынырщ. 
Мэлыжьыхьым и 28-м, хабзэ зэрыхъуауэ, лэжьакIуэхэм я узыншагъэр хъумэныр IэщIагъэ зыхуэхъуахэм йохъуэхъу, а Iуэхум хуэгъэзауэ къэралым къыщащтэ, щызэхагъэувэ Iэмалхэм IэнатIэхэм щытопсэлъыхь.
Лэжьыгъэр хъумэнымкIэ IэщIагъэлIым и къалэнщ зыпэрагъэувам шынагъуэншагъэ щыгъэIэнымкIэ хабзэ-бзыпхъэхэр зэрыщагъэзащIэм и нэIэ тригъэтыныр. Ар кIэлъогъуазэ лэжьакIуэхэр Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыхуэсакъым, щылъащэ унэхэр къызэрагъэсэбэпым, мы Iуэхум ехьэлIа дерсхэр зэрыщрагъэкIуэкIым, узыншагъэм хуэщхьэпэ къабзагъэмрэ зэкIэлъыкIуагъэмрэ IэнатIэм зэрыщызэрахьэм, мафIэсгъэункIыфI Iэмалхэм зэрыщыхуагъасэм. 
I989 гъэм къыщыщIэдзауэ Канадэмрэ США-мрэ илъэс зыбжанэкIэ щекIуэкIат «Къыддэлэжьахэр гуузу щыхэкIуэда махуэ» зыфIаща дауэдапщэхэр. IэнатIэхэм фэбжь щызыгъуэтахэр, нэхъ Iеижыр аращи, щыхэкIуэдахэм я фэеплъ а зэIущIэхэм къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэу яIар профсоюзхэрат.
Ауэрэ здекIуэкIым, «Лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ къэралхэм я зэгухьэныгъэ» (МОТ) жыхуаIэм (мыбы нэхъ жыджэру хэтхэм ящыщщ Бразилиер, Индиер, Китайр, Урысей Федерацэр, Италиер, Инджылызыр, Германиер, Франджыр, США-р, Япониер) Лэжьыгъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 28-м тригъэхуат. 
Ди къэралымкIэ къедгъэзэкIыжынщи, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и кодексым и 2I2-нэ Iыхьэм зэритымкIэ, сыт хуэдэ IэнатIэми аттестацэ щрагъэкIуэкIыныр я пщэрылъщ. Ар къызэрызэрагъэпэщыр мардэ гъэбелджылахэм тетущ. 
Ди республикэм и гугъу тщIымэ, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ Лэжьыгъэр хъумэнымкIэ и центрымрэ я нэIэ щIэту, IуэхущIапIэхэм гулъытэ хэха щыхуащI цIыхухэр фэбжьхэм зэрыщахъумэ Iэмалхэмрэ ар зи пщэрылъ IэщIагъэлIхэр щегъэджэнымрэ. 
ТхылъкIэ псори тэмэм хуэдэщ, ауэ министерствэм и къэрал экспертхэм хэчыхьауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, республикэм и IуэхущIапIэхэм я нэхъыбэм «аттестацэ» зыфIащ кIэлъыплъыныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIым арэзы укъыщимыщI иджыри щыIэщ, лэжьыгъэр хъумэнымкIэ комиссэхэр я къалэнхэм зэдегугъуркъым, сертификат зиIэ IэмэпсымэхэмкIэ, щыгъынхэмкIэ цIыхухэр ирикъуу къызэрагъэпэщыркъым. АтIэми, IэнатIэм пэрытхэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэныр къэралым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Аращ ар гъэзэщIэным мыхьэнэшхуэ щIратри.  
БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ