Къыпэхъун куэд щыIэкъымКъэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм и дахагъэкIэ, и паркхэмрэ жыг хадэ цIыкIухэмкIэ, цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэ зэпэщхэмкIэ къыпэхъун куэд щыIэкъым. ЖыпIэнурамэ, 20I9-2026 гъэхэм къриубыдэу Налшык и уэрамхэм щыхасащ жыгыщIэ зэмылIэужьыгъуэу мини 7-м щIигъу, абы щыщу 481-р - дызэрыт илъэсым.
Мы гъэм Къэбэрдей уэрамым щыхасащ кIейуэ 226-рэ, бзииху, пхъэхуей, чыпцIэщхьэпэ, блапцIэ, псей, уэздыгъей жыг цIыкIухэр. ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамыр ягъэдэхащ кIейуэ 80-рэ шыкIуртIыму 35-кIэ. Щорсым и цIэр зезыхьэ уэрамыр чыпцIэщхьэпэ 3I-рэ щыхасащ, Ахъуэхъум и цIэр зезыхьэ бзиихуитху, Прохладненскэ шоссем пхъэхуеих. «ЩIыхьым и утыкум» щагъэтIысащ кърым псейуэ 30, къалэ паркым – кIейуэ 50.
Абыхэм нэмыщI, жыгыщIэ зэмылIэужьыгъуэу 500 щыхасащ КIыщокъуэм, Матросовым, Лъостэным, Кировым я цIэхэр зезыхьэ, Московскэ уэрамхэм. Къалэ паркым бзиихуу 200 щыхагъэзэгъащ.
Налшык къалэм зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм адэкIи щыпащэнущ.
ЖыгыщIэхэм йогугъу
Къэбэрдей-Балъкъэрым дунейм зэрызыщиIэтыжу жыгыщIэ цIыкIухэр хасэн щIадзащ. Мы гъэм жыг хадэгъэкIхэм къапэщылъщ гектар зы минным нэблагъэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ хагъэтIысхьэну.
Абыхэм хуагъэхьэзыращ жыгыжьхэр къызратхъыжа щIыпIэхэр. Дызэрыт илъэсым ипэ махуэхэм ирихьэлIэу, зэкIэ къызэрабжамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ ирагъэубыдауэ щытащ гектар мин 29,7-рэ.
Апхуэдэуи, къэкIыгъэхэм къеуалIэ хабзэ узыфэхэмрэ хьэпIацIэхэмрэ щахъумэу абыхэм хущхъуэхэр тракIэ, щIыр ягъэкъабзэ.
Тэрч щIыналъэм ирегъажьэ
Сэхураныр республикэм мы гъэм япэу хэсэн щыщIэзыдзар Тэрч районырщ. НобэкIэ абы и жылэхэр хагъэзэгъащ гектар 350-м. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, сэхураным гектар мин I5 ди щIыналъэм щыхухахын мурад щыIэщ.
Мыдрейуэ, Прохладнэ районым жыджэру щыхащIэ чэтэнымрэ (лён) рапсымрэ, куэд мыщIэуи, соем щIадзэнущ.
Бжьыхьэсэ рапсым гектар мини 6-м щIигъу районым щыхухахащ икIи абыхэм я щытыкIэм нобэ уатегузэвыхь хъунукъым.
Къэбгъэлъагъуэмэ, дагъэ къызыщIаху мэкъумэш къэкIыгъэу псори зэхэту тонн мин 76,5-рэ нэгъабэ кърахьэлIэжащ республикэм и мэкъумэшыщIэхэм икIи абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 20-кIэ нэхъыбэщ ар. Абы щыщу сэхурану зэщIакъуэжащ тонн мин 34,8-рэ. Ари хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэщ 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ.
Соеу кърахьэлIэжащ тонн мин 25,3-рэ, рапсу – тонн мин 11,7-рэ, чэтэну (жуныгуу) – тонн мини 3,6-рэ, горчицэу – тонн мин 1,1-рэ.
Къэрал гулъытэ
Къэрал дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм зыщIагъэкъуэн папщIэ социальнэ зэгурыIуэныгъэ зэрыращIылIэ хабзэр 2020 гъэм щегъэжьауэ мэлажьэ. Абы и къалэн нэхъыщхьэу щытыр щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм, цIыхухэм гулъытэ яхуэщIынырщ.
ЖыпIэнурамэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым а программэм ипкъ иткIэ социальнэ зэгурыIуэныгъэу 2720-рэ республикэм щызэращIылIащ, псори зэхэту сом мелуан 367-рэ хуэзэу.
Унагъуэхэм е цIыхухэм ахъшэу иратым и куэдагъыр зэлъытар ар къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэхэрщ икIи сом мин 22-м къыщыщIэдзауэ сом мин 350-м нызэрохьэс. Нэхъыбэ дыдэ зратыр я щхьэ хуэлэжьэжыну лэжьыгъэ IэнатIэхэр къызэзыгъэпэщхэрщ. Апхуэдэуи, ахъшэр ягъакIуэ хъунущ лэжьыгъэ къэгъуэтыным, уней IуэхущIапIэ къызэIухыным, нэгъуэщIхэми хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ, цIыхур псэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зы мазэм зрикъуну ахъшэм и куэдагъыу республикэм щагъэувам нэхърэ нэхъ мащIэ къызыхэхъуэ унагъуэхэрщ е цIыхухэрщ ар зратыр.
Губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI
Къэбэрдей-Балъкъэрым губгъуэ лэжьыгъэхэр, зэрыжаIэу, махуэ къэс щыщIагъэхуабжьэ зэпытщ: гъавэ бэвым хуэгъэпсауэ щыIэ мэкъумэш пIалъэхэм тету жылэхэр хащIэ, къэкIыгъэхэм щIыгъэпшэрхэр ират.
Къэбгъэлъагъуэмэ, нобэкIэ, щIыгъэпшэрхэр халъхьащ бжьыхьэсэр зыхащIа гектар мин 61-м, абы щыщу гектар мин 55-м гуэдзщ хэтыр.
Республикэм и районхэм я губгъуэхэм гъатхасэми щоужьэрэкI. НобэкIэ, ар щыхащIащ гектар мини 6,3-м, абы щыщу гектар мини 2,8-м - хьэр, гектар мин 1,2-м - джэш хъурейр, гектар мин 1,8-м - джэш хъурей къызэрыгуэкIыр. КIэртIофыр хащIащ гектар 360-м.
Мы гъэм гъатхэсэм гектар мин 214,2-рэ ирагъэубыдынущ, абы щыщу хьэцэпэцэмрэ джэш хъуреймрэ – гектар мини 152,3-рэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
14.05.2026 - 17:00 →
СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
12.05.2026 - 18:31 →
Спорт хъыбархэр
08.05.2026 - 14:44 →
КъэралитIым зыкъыщагъэлъагъуэ
06.05.2026 - 15:59 →
Спорт хъыбархэр
| ||




