ЛIыхъужьым и фэеплъу

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ полицэм и полковник Щоджэн Къадир. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и бэнакIуи 100-м щIигъу.
Удэзыхьэхыу икIи гуащIэу екIуэкIа зэпеуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр къихьащ «Налшык» спорт клубым. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ «Дзюдо КъБР» командэм. Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ «ДЛФК», «Локомотив» клубхэм я гъэсэнхэм.
Илъэс етIуанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI фэеплъ зэхьэзэхуэр мы гъэм гупхэм я зэпеуэу щытащ.
Спортсменхэм я тренерхэр Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Таухэ Сэфарбийрэ Азэмэтрэ, Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Къуэшырокъуэ Астемыр сымэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Щоджэн Къадир «Iуащхьэмахуэ» СОБР-м и Iэтащхьэу 2002-2019 гъэхэм щытащ, къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ, «ЛIыхъужьыгъэ» орденыр хэту.
Невинномысск щохьэщIэ
Ставрополь крайм и Невинномысск къалэм щекIуэкIащ а щIыналъэм киокусинкай каратемкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу II-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 350-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм олимпиадэм хэмыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и еджапIэм, «Урысейм кекусин-кан карате-домкIэ и федерацэ» спорт зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм, «Амурские тигры», «Ансар» спорт клубхэм я гъэсэнхэр икIи ехъулIэныгъэфIхэр абы щызыIэрагъэхьащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Жыджэтхэ Аланрэ Артуррэ, Змеев Артур, КIуащхэ Къантемыррэ Астемыррэ, Къардэн Сэлим, Магомедов Даниял, ТхьэкIумашэхэ Инаррэ Андемыррэ, Базоевэ Лейла, Джэрыджэ Умар, Шэрхъ Кемран, Шыбзыхъуэ Къантемыр, Таукенов Сулеймэн сымэ.
Лиходеев Ярослав, Пантелеевэ Лие, Саутич Ярослав, Хачиевхэ Арамрэ Маратрэ, Акбулатов Инал, ГуэбэщIыкI Алий, Хьэмыкъуэ Айдар сымэ етIуанэ хъуахэщ.
Ещанэ увыпIэхэр къахьащ Басанский Даниил, Кекезов Алан, Къамбий Талостэн, Хъанэ Идар, Бэвыкъуэ Темырлан сымэ. 
Саугъэт щхьэхуэхэмкIэ зэхьэзэхуэм щагъэпажащ ТхьэкIумашэ Инар («Техникэ нэхъыфI зиIэ»), Хачиев Арам («ТекIуэныгъэм ерыщу зэрыщIэбэнам папщIэ»), Жыджэт Артур («ЗэIущIэ нэхъ кIэщI дыдэ езыгъэкIуэкIа») сымэ. 
Спортсменхэм ядэлажьэр Къармокъуэ Амурбэч, Мэршэнкъул Къантемыр, Будаев Казбек сымэщ. 
 
МедалипщI къахь
Урысей Федерацэм панкратионымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Марий-Эл республикэм и къалащхьэ Йошкар-Ола щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмен 2000-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 12-20 хъухэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалипщI къыщихьащ, абыхэм ящыщу тIур дыщэу. Ар яхузэфIэкIащ Жамолов Аслъэнрэ Къуэший Къантемыррэ. 
Дыжьын медаль къихьащ Колечкинэ Кирэ. Ещанэ хъуахэщ ТеуныкI Мурат, Мэкъуауэ Елдар, Жамолов Данияр, Къашыргъэ Залым, КъуэщIысокъуэ Iэдэм, Хьэлышх Идар, Мэкъуауэ Ахъмэт сымэ. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм УФ-м и щIыхьыр яIэту я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэнущ дунейпсо зэхьэзэхуэм.
Ди командэм и тренерхэр Щоджэн Артур, Мэш Алим, Шыхъуэстэн Руслан, Къуэший Елдар сымэщ. 
НАУРЫЗ Болэ.
Поделиться:

Читать также: