Накъыгъэм и 6, бэрэжьей
♦Москва и гербымрэ и ныпымрэ я махуэщ
♦1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
♦1875 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, узэщIакIуэ Долэт-Джэрий СулътIан.
♦1936 гъэм къалъхуащ адыгей философ, еджагъэшхуэ, тхакIуэ, социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Хьэгъур Айтэч.
♦1949 гъэм къалъхуащ абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Мхъыцэ Чэрим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 16, жэщым градуси 8 - 10 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Удым и удыгъэр япэ ирегъэщ.