Спорт хъыбархэр

ВагъуэщIэхэр

Муниципалитетхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэм, «Вагъуэ къэунэхухэр» фIэщыгъэр зезыхьэм,  и ещанэ Iыхьэр Санкт-Петербург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену 350-рэ.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи дыщэ медалу 2-рэ домбеякъыу 4-рэ къыщихьащ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Къэзэр Амиррэ (кг 29-рэ) Алимжанов Амырхъанрэ (кг 23-рэ).

 Къардэн Надар (кг 38-рэ), Бабаев Алан (кг 32-рэ), Айтэчхэ Мухьэмэдрэ (кг 38-рэ) Муслимрэ (кг 41-рэ) сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.

Ди командэм и тренерыр Таумурзаев Мурадинщ.

 

ЛIэужьыгъуитIми къыщыхожаныкI

 Бжымрэ  дискымрэ  нэхъ жыжьэ дзынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Сочэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 26-м я спортсмен лъэщхэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 400-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм медаль зэхуэмыдэу 4 абы къыщахьащ. Дискыр нэхъ жыжьэ дзынымкIэ зэпеуэм щытекIуащ прохладнэдэс Добренький Александр, метр 53-рэ сантиметр 18-рэ къигъэлъагъуэу. Къущхьэкъан Каринэ ди командэм домбеякъ медаль къыхуихьащ. Абы идза дискыр метр 36-рэ сантиметр 37-кIэ игъэлъэтащ.

Бжыр нэхъ жыжьэ дзынымкIэ зэхьэзэхуэми Къэбэрдей-Балъкъэрым медалитI щызыIэригъэхьащ. Орлов Николай и бжыр метр 77-рэ сантиметр 75-м деж къыщыувыIащ икIи япэ увыпIэр къихьащ. НыбжьыщIэхэм я зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ Ерыжокъуэ Идар. ЩIалэщIэм идза бжыр метр 44-рэ сантиметр 34-м нигъэсащ.

Спортсменхэм я тренерхэр Артамонов Артур, Ботвич Александр, Уэзрокъуэ Андзор сымэщ. 

БЭБЭЧ Башир.

 

 

Поделиться:

Читать также: