Накъыгъэм и 20, бэрэжьей
1939 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ артист», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гугу Рашад.
1935 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЖьэкIэмыхъу Мусэбий.
1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий.
1955 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ и нэтынхэм я редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Тэтрокъуэ Астемыр.
1974 гъэм къалъхуащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ Люсанэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex. ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 – 19, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Къыумылэжьар гъэкIуэдыгъуафIэщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.