Зы илъэс къэмынэу ар зэрагъэлъапIэр и нэщэнэщ къэралхэм я экономикэм зегъэужьыным, яхузэфIэкIхэмкIэ промышленностымрэ сатумрэ зэхъуэжэным, а тIуми я сэбэп зыхэлъхэм гъуэгу етыным, технологие пэрытхэр къагъэщхьэпэным хуэгъэзауэ пщалъэхэм ягъэзащIэ мыхьэнэр зэрыиным.
Мы щIэныгъэ-IэщIагъэр дэIэпыкъуэгъуфIщ узрихьэлIэ-узыIущIэр инагъ-цIыкIуагъкIэ ипэжыпIэкIэ зыхуэдэр нэрыгъуазэ къудейкIэ щыпхузэхэмыгъэкIхэм деж.
Iэмэпсымэми хьэпшыпми я бгъуагъ-кIыхьагъ-лъагагъкIэ зыхуэдэр къэпщын зэрыхуейм и телъхьэхэм къагъэсэбэпыпхъэр есэпыр зи тегъэщIапIэ щIэныгъэ-IэщIагъэрщ, нэгъуэщIу жытIэмэ, «метрологиекIэ» дызэджэрщ.
ЩIэныгъэ псоми къахэщхьэхукIыу, метрологиер пкъыгъуэ нэхъ цIыкIужьей дыдэхэм нэкIэ тхузэхэмыцIыхукI я бзыпхъэр инагъ-цIыкIуагъкIэ зыхуэдэр арэзы дыкъищIу къэзыпщытэфщ.
Мы унэтIыныгъэм и IэмалхэмкIэ зэхэбгъэкIыфынущ хущхъуэхэм я зэхэлъхьэкIэ-зэпэлъытэкIэу узыншагъэм сэбэп нэхъ хуэхъунухэр къыщапщытэкIи унэщIэхэр щаухуэкIэ я зэпкърылъхьэкIэ-зэтелъхьэкIэр щаубзыхукIи. Метрологие щIэныгъэм къихутэу щIигъэбыдэжа зэпщытыкIэ-къэпщытэкIэр дуней псом, узытекI мыхъуну, къыщащта бзыпхъэ хэгъэунэхукIащ. Ар я тегъэщIэнщ сату Iуэхум пыщIахэми дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным телажьэхэми.
И къэунэхукIэ
Франджым и къалащхьэ Париж 1875 гъэм накъыгъэм и 20-м щекIуэкIа зэIущIэм Iэ щызэдыщIадзат «Метрическая Конвенция» зыфIаща зэгурыIуэныгъэм. Ар псоми зэдай къэпщытэкIэм хуэгъэзауэ къэрал псоми къызэдащтапхъэм ехьэлIа япэ зэухылIэныгъэт. Абы щыгъуэ а Iуэхум хэгъэгу I7 еувэлIат, Урысей къэралыгъуэжьри хэту. Ауэрэ, илъэс бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу, дэфтэрыр къызэдащтащ къэрал 50-м щIигъум.
Мы зэухылIэныгъэм тету, а илъэсхэм Франджым къыщызэрагъэпэщащ «КъэпщыкIэмрэ къэшэчыкIэмкIэ къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэ» («Международная организация мер и весов») зыфIащар. Петербург дэт ЩIэныгъэхэмкIэ академиер я щIэгъэкъуэну, абдежым къыщащта къалэнхэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэщ иджыри къыздэсым къэрал куэдым къагъэсэбэпыр.
Дуней псор пщалъэхэм тетщ, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым ахэр лъабжьэ яхуохъу. Я мыхьэнэр щIагъэбыдэн мурадкIэ, Пщалъэхэм я дунейпсо махуэр гъэ къэс зытраухуэр зэхуэдэкъым. 2026 гъэм ар ирагъэкIуэкI «Метрологие: унафэ къэщтэкIэм дзыхь егъэзын» («Метрология: обеспечение доверия к принимаемым решениям») къыхуеджэныгъэм щIэту.
Метрологием и махуэм УФ-м, хабзэ зэрыщыхъуауэ, къыщызэрагъэпэщ IэщIагъэлIхэм мы унэтIыныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэр зыхуэдэр къыщапщытэж зэхуэсхэр. Нэхъ пажэхэм щIыхь тхылъхэр ират.
Урысей Федерацэм метрологиемкIэ и къулыкъур мы зэманым зэхэтщ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт зыбжанэрэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкI лъэщапIэ бжыгъэу.
Пщалъэхэр сату Iуэхум хэлъ лъэпощхьэпохэм яполъэщ, социально-экономикэ зыужьыныгъэм сэбэп хуохъу, ар дыдэмкIи дунейпсо Iуэху зехьэкIэ пэрытхэр пхузэкIэлъогъакIуэ.
Абыхэм я фIыгъэкIэ, зыгуэрым депсэлъэну дыхуеймэ, телефонкIэ зэрызыпытщIэфынур дощIэ, ди узыншагъэр екIакIуэмэ, IэмэпсымэщIэхэмкIэ къыдэIэзэну догугъэ, автомашинэ дитIысхьамэ, и лэжьэкIэр къырыдощIэ, дызыхуей хъыбархэр Интернетым къыщыдогъуэт. Дунейпсо пщалъэхэр ди гъуазэу, хьэпшыпхэм, ерыскъыхэм, Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр здынэсыр зэхыдогъэкI.
Дзыхьым тезыгъащIэ зэдэлэжьэныгъи къызэрагъэпэщ, зэдэрэгъухэм я IэпэщIэкIхэр дунейпсо утыку щагъэлъэгъуэнымкIи IэмалыфIщ. Пщалъэхэм я фIыгъэкIэ зохъуажэ дэнэ щIыналъи Iуэху щызыщIэхэр. Бжыгъэ гъэпсахэрщ бизнесым, правительствэхэм, жылагъуэхэм я зэбгъэдэтыкIэми лъабжьэ быдэ яхуэхъур. Апхуэдэуи, пщалъэхэр щхьэпэщ экономикэм жыджэру зезыгъэужь хэкIыпIэхэр зэхэгъэувэнымкIи къэгъэсэбэпынымкIи.
КъБР-м СтандартизацэмкIэ, метрологиемрэ гъэунэхуныгъэхэмкIэ и къэрал щIыналъэ центр – федеральнэ бюджет IуэхущIапIэр (ЦСМ – ФБУ) дэфтэрхэмрэ нэгъуэщI тхылъхэмкIи къулейщ. Апхуэдэщ лъэпкъ-дунейпсо пщалъэхэм, техникэ регламентхэм хуэгъэзахэр, экономикэ, щIэныгъэ-техникэ тхыгъэхэр зэрыт журналхэр, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыгъуазэ методикэхэр, урысейпсо классификаторхэр, нэгъуэщIхэри. Центрым республикэм и предприятэхэм, организацэхэм я IэщIагъэлIхэр, хьэрычэтыщIэхэр, цIыху щхьэхуэхэр Iэмал имыIэу зыхуей-зыхуэныкъуэ щIэныгъэ-техникэ хъыбархэмкIэ, стандартизацэм, метрологием, гъэунэхуныгъэхэм я пщалъэ тхылъхэмкIэ къызэрегъэпэщ.
Лэжьыгъэ псоми я нэхъыбэр зыгъэзащIэр центрым метрологиемкIэ и къудамэхэрщ. Абыхэм Iэмэпсымэу къызэрагъэпэщхэм я щытыкIэр зыхуэдэр къапщытэ, фIагъышхуэ яIэу къагупсысагъащIэхэр хэпщэнымкIэ IэнатIэхэм ядоIэпыкъу, псыуэ, токыу къагъэсэбэпыр зыхуэдизыр къызэрабж, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэр къызэралъытэ иджырей Iэмэпсымэхэм я зехьэкIэм республикэм и цIыхухэр щагъэгъуазэ.
ЕрыскъыхэкIхэм, щIыдагъэхэкIхэм я фIагъыр къыщапщытэ, электротехникэмрэ радиацэмрэ щакIэлъыплъ лабораторэхэри яIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм, къалэ, район администрацэхэм, Iуэхур зэхьэлIа министерствэхэм, федеральнэ кIэлъыплъакIуэ IэнатIэхэм купщIафIэу ядолажьэ.
КъБР-м и предприятэхэм, организацэхэм ящыщу лэжьыгъэрэ Iуэхутхьэбзэрэ зыгъэзащIэхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым я IэдакъэщIэкIхэр къызэрапщытэ пщалъэхэм мы зэманым мыхьэнэ ин дыдэ зэраIэр, абыхэм продукцэм и фIагъым зэрыхагъахъуэр, ауэ щыхъукIи, фейдэ нэхъыби къазэрыпэкIуэр. Псалъэм папщIэ, тыкуэным щIыхьэ цIыхур псом япэу зэплъыр къищэхур пщалъэм къызэритIасэрщ.
АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.