НОБЭНакъыгъэм и 25, блыщхьэ ЯфIэкIуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ УФ-м щагъэлъапIэ Филологым и махуэр 1923 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къамбий Мухьэб. 1932 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Тут Михаил. 1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий. 1950 гъэм къалъхуащ парт, къэрал лэжьакIуэ, республикэм и Парламентым и Унафэ щIым и къуэдзэу, КъБР-м и къэрал чэнджэщэгъуу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Бозий Натбий. 1952 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысейм транспортымкIэ и академием и действительнэ член ЗекIуэрей Аслъэн. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 20, жэщым градус 15 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
11.08.2026 - 09:07 →
НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 →
МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 →
Нобэ
06.08.2026 - 09:49 →
НОБЭ
05.08.2026 - 12:45 →
НОБЭ
| ||




