Дыкъынэр ещанэщ

Европэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Болгарием и Самоков къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьыщIэ Дыкъынэ Руслан. 
Килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ди щIалэщIэм зэIущIэм зэхьэзэхуэ зыбжанэ хъарзынэу щригъэкIуэкIащ. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ абы къыпэщIэтащ Украинэм и бэнакIуэ, ауэ бжыгъэр 9:0-у Руслан ар хигъэщIащ.
Дыкъынэм и тренерхэр Табыхъу Тимуррэ Жыкъуэ Залымхъанрэщ. 
Зэпеуэм хэтахэр зи ныбжьыр илъэс 15-м щIимыгъуахэрщ.
Домбеякъыу тIу
«Кубок Шихана» фIэщыгъэр зэрихьэу киокусинкай-каратемкIэ зэхьэзэхуэ Самарэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 26-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 400-м нэблагъэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ зэхьэзэхуэм хэтащ спортсмену 8 икIи абыхэм ящыщу Тебуев Рэмэданрэ (кг 45-рэ) АфIэунэ Самирэрэ (кг 60) домбеякъ медалхэр къахьащ. Абдулкадыровэ Элинэ еплIанэ увыпIэм деж къыщыувыIащ. 
Ди спортсменхэм я тренерыр Къумыкъу Ислъамщ. 
 
Нэхущым и дыщэ медалхэр
Чувашием и къалащхьэ Чебоксары щекIуэкIащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ спортсменхэм (ДЦП) атлетикэ псынщIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 26-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 136-рэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм щыIащ Нэхущ Муса икIи метри 100, 200 зи кIыхьагъ гъуэгуанэхэр нэхъ псынщIэу къэжынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм щытекIуащ, республикэми дыщэ медалитI къыхуихьащ.
Нэхущ Муса и тренерыр КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и спорт еджапIэм и тренер-егъэджакIуэ Къарэмызэ Викториещ. 

ЕтIуанэр дыдейщ
ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ иджырей пятиборьемкIэ зэхьэзэхуэ Краснодар къалэм иджыблагъэ щызэхашащ икIи КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и спорт еджапIэм и гъэсэн Шарипов Икром щхьэзакъуэ зэпеуэхэм етIуанэ щыхъуащ.

ЩIалэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Ковалев Сергей, Корзилов Виталий, Къудей Анжеликэ сымэ. 
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр езытар СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп джэгухэм я чемпион Липеев Евгенийщ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: