НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 3, бэрэжьей

Лъакъуэрыгъажэм и дунейпсо махуэщ
1935 гъэм
къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, сабийхэм папщIэ тхылъ куэд къыдэзыгъэкIа Тамбий Александр.
1948 гъэм
къалъхуащ публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэдкIэ щылэжьа Шал Мухьэмэд.
1953 гъэм
къалъхуащ радиожурналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей артиадэм и лауреат Багъэтыр Нинэ.
1962 гъэм
къалъхуащ Кубаным и къэрал, политикэ лэжьакIуэ, Успенскэ куеймрэ Армавир къалэмрэ я Iэтащхьэу, Краснодар крайм и губернаторым и япэ къуэдзэу щыта Хьэту Жамболэт.
 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 23-рэ, жэщым градуси 10 - 12 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъатхэм пасэу пщIэр бжьыхьэм игъуэ мэхъу.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

11.06.2026 - 16:00 НОБЭ
10.06.2026 - 10:42 НОБЭ
09.06.2026 - 07:23 НОБЭ
08.06.2026 - 12:17 НОБЭ
05.06.2026 - 12:20 НОБЭ