Спорт хъыбархэр

Кикбоксерхэм я зэпеуэ

Дагъыстэным щыщ Каспийск къалэм Спортымрэ щIалэгъуалэмрэ я уардэунэм, Алиев Алий и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 1014-рэ, я ныбжькIэ илъэси 10-м къыщыщIэдзауэ 40-м нэсыху.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и кикбоксеру 115-рэ абы щыIащ икIи медаль 63-рэ зэхьэзэхуэхэм къыщахьащ, абыхэм ящыщу 18-р дыщэу.
Илъэси 10 - 12 зи ныбжь хъыджэбз цIыкIухэм я деж я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр щиубыдащ Макаевэ Ясминэ (кг 32-рэ). Илъэс 13 - 14 хъухэм я деж Бекъул Ирадэ (кг 44-рэ), Жэрыщты Миланэ (кг 48-рэ), КIарэ Асалинэ (кг 56-рэ) сыми дыщэ медалхэр къыщахьащ.
Илъэс 13 - 14 зи ныбжь щIалэ цIыкIухэм я зэпеуэм щытекIуащ Захаров Кирилл (кг 36-рэ), Курбанов Рэмэзан (кг 39-рэ), Бэгъуэт Имир (кг 48-рэ), Сындыку Iэдэм (кг 51-рэ) сымэ. 
Илъэс 15 - 16 зи ныбжь щIалэхэм я деж пашэныгъэр щаубыдащ Къуэший Ислъамрэ (кг 60) ХьэщIэлI Iэдэмрэ (кг 63,5-рэ).
Илъэс 17 - 18 зи ныбжь хъыджэбзхэм я зэпеуэм щытекIуащ ГуIэтыж Дианэрэ (кг 48-рэ) Шуваловэ Каринэрэ (кг 65-рэ). Мы гупым щIалэхэм я деж зэпеуэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Хутэ Адэлбийрэ (кг 63,5-рэ) Джангуразов Щамилрэ (кг 75-рэ).
Илъэс 19 - 40 зи ныбжьхэм я деж КИФЩI-м чемпион щыхъуащ Гъубжокъуэ Рустам (кг 57-рэ), Блашэ Темырлан (кг 63,5-рэ), Дамэлей Вадим (кг 67-рэ) сымэ. 
Мы гупым цIыхубзхэм я зэпеуэм Кавказ Ищхъэрэм чемпион щыхъуащ Ржевская Еленэ (кг 70).
Зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIитIыр щызыубыдахэр хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм Мэзкуу областым щекIуэкIыну зэпеуэмрэ УФ-м и чемпионату Екатеринбург къалэм щызэхашэну зэIущIэмрэ.
Ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Саралидзе Айдин, Боллоев Аслъэн, Сасыкъ Анзор, БейцIыкIу Ибрэхьим, ДыщэкI Аслъэнбэч, Куэшмэн Рустам, Къудейхэ Алимрэ Залымрэ сымэ. 

Колумбиер къапоплъэ

Мэзкуу областым и Одинцовэ къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм кикбоксингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 76-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 2000-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэси 10 - 18 хъухэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хъарзынэу зэхьэзэхуэм зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медаль зэхуэмыдэу 10 абы къыщихьащ. Илъэс 15 - 16 зи ныбжьхэм я зэпеуэм «фулл-контактымкIэ» япэ щыхъуащ СэвкIуий Саид. Дыжьын медалхэр къахьащ Курбанов Рэмэзанрэ (кг 39-рэ) Ало Дамиррэ (кг 57-рэ).
«Лоу-кикымкIэ» етIуанэ хъуахэщ Таз Рашид (кг 63,5-рэ), Джангоразов Щамил (кг 75-рэ), Мавлюдов Рэмэзан (кг 54-рэ) сымэ. Домбеякъ медалхэр къахьащ Хутэ Адэлбий (кг 60), Хъуран Елдар (кг 71-рэ), Хъубий Муслим (кг 60), ХьэщIэлI Iэдэм (кг 63-рэ сымэ).
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIитIыр къыщызыхьахэм Iэмал ягъуэтащ мы гъэм жэпуэгъуэм Колумбием щекIуэкIыну дунейпсо зэпеуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. 

 
 Елмэс Къантемыр къахощ

 

Олимп джэгухэм я чемпион, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Гайдаров Мурад и саугъэтхэр бэнэкIэ хуитымкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и «Труд» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я бэнакIуэу 135-рэ, я ныбжькIэ илъэс 17-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм зэхьэзэхуэм медалищ къыщахьащ. Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Тубай Ислъам, килограмм 80-м – Елмэс Къантемыр. Килограмм 92-рэ зи хьэлъагъхэм я деж етIуанэ щыхъуащ УнэлIокъуэ Сэлим. 
Абы нэмыщI, зэхьэзэхуэм и спортсмен нэхъыфIу къалъыта Елмэс Къантемыр саугъэт щхьэхуэу 3 къратащ.
КъищынэмыщIауэ, зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэмрэ тренерхэмрэ ахъшэкIэ, фэеплъ саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ.
 

 

БЭБЭЧ Башир.
Поделиться:

Читать также: