Бахъсэндэсхэм я ехъулIэныгъэхэр

2026 гъэм и накъыгъэм къриубыдэу Бахъсэн къалэм и спортсменхэр зэхьэзэхуэ куэдым хэтащ икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр абыхэм щаIащ.
ЖыпIэнурамэ, Урысей Федерацэм панкратионымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Марий-Эл республикэм и къалащхьэ Йошкар-Ола щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэн Жамолов Аслъэн килограмм 54-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ. Абы и къуэш Данияр етIуанэ щыхъуащ килограмм 50 зи хьэлъагъ гупым я деж. ЩIалэхэр зыхэтар илъэс 15 - 17 зи ныбжь спортсменхэм я зэхьэзэхуэрщ, я тренерыр Щоджэн Артурщ.
Къыхэдгъэщынщи, а зэпеуэм щыIащ ди къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэу 2000-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 12 - 20 хъухэу. 
«Белые ночи» фIэщыгъэр зэрихьэу Санкт-Петербург къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэми бахъсэндэсхэр къыщыхэжаныкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмену 3 абы щыIати, Бахъсэн къалэм Олимп джэгухэм хэтыфыну сабий зачиифIэхэр щагъасэ и спорт еджапIэм и гъэсэн ПщыукI Мурат домбеякъ медаль къыщихьащ килограмм 77-рэ зи хьэлъагъхэм я деж. ЩIалэм и тренерыр Иуан Аслъэнщ. А зэпеуэр и фэеплъу щытащ Олимп джэгухэм я чемпион Рощин Анатолий икIи абы щызэхуэсащ ди къэралым и спортсмену I37-рэ.
Кисловодск къалэм накъыгъэм и 11 - 15-хэм щекIуэкIащ футболымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ урысейпсо категорие зиIэ арбитру илъэс куэдкIэ лэжьа Рощин Сергей. Абы щызэпеуащ Мэзкуу, Волгоград областхэм, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я топджэгу ныбжьыщIэхэр, 2012 - 2013 гъэхэм къалъхуахэр. 
Ди республикэм щыщу абы щыIащ Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и командэр, тренер ПщыхьэщIэ Тимур я пашэу. Япэ зэIущIэр бахъсэндэсхэм къыфIахьащ Серпухов къалэм и «Звезда» командэм, бжыгъэр 3:1-уэ. ЕтIуанэм а бжыгъэ дыдэмкIэ ди щIалэхэр къыхигъэщIащ Кисловодск и «Романенкэ» клубым. АдэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгу ныбжьыщIэхэр зэкIэлъыкIуэу ятекIуащ Черкесск и «Нартым» (3:0), Адлер и «Торпедо»-м (4:1), Краснослободск и «Водник»-м (4:1). Апхуэдэ щIыкIэкIи, бахъсэндэсхэм урысейпсо зэхьэзэхуэр къахьащ икIи Тыркум щекIуэкIыну дунейпсо зэпеуэм ирагъэблэгъащ. Абы нэмыщI, гъуащхьэхъумэ нэхъыфIу турнирым къыщалъытащ ди командэм и топджэгу МацIыхъу Ибрэхьим. 
«ТекIуэныгъэм и саугъэтыр» къэхьыным хуэунэтIауэ Ставрополь щIыналъэм и Пятигорск къалэм щекIуэкIащ боксымкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы къыщыхэжаныкIащ Бахъсэн къалэм и спортсменхэр икIи медаль зэхуэмыдэхэр куэду къыщахьащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Абрэдж Андемыркъан, Жыгун Астемыр, Къунаш Абузар, Къунаш Умар, Бещто Муслим, КхъуэIуфэ Амир, Абазэ Алан, ЩхьэщэмыщI Азнаур, Мамей Сулеймэн, ЛIыгуащIэ Алан сымэ.
Дыгулыбгъу Ибрэхьим, Абдокъуэ Имран, Къэзэр Имран, Ашэбокъуэ Мансур, Жыгун Амир, ТаукIэш Ибрэхьим, Бещто Ислъам, ПщыукI Имран, Къунаш Къантемыр, Жамырзэ Амир, Тхьэзэплъ Дамир сымэ етIуанэ хъуахэщ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Бахъсэн Нурмухьэмэд, Бэрэгъун Аскэр, Батырдэгу Рэмэзан, Джэрыджэ Ислъам сымэ. 
Владикавказ и «Манеж» спорт уардэунэм накъыгъэм и 23 - 24-хэм бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Ар и фэеплъу щытащ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Дедегкаев Казбек. Абы щызэпеуащ илъэс 16 зи ныбжь бэнакIуэхэр. Мыбдежым, бахъсэндэсхэм медалитI къыщахьащ. Килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Бакъей Темболэт. Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж Даур Амир ещанэ щыхъуащ. ЩIалэхэр Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэм и гъэсэнхэщ, я тренерхэр ПщыукI Артуррэ Бэрэгъун Рустамрэщ. 
Апхуэдэуи, мазэ блэкIам Ставрополь щIыналъэм щекIуэкIащ Пятигорск къалэм боксымкIэ и зэхьэзэхуэ зэIуха. Бахъсэн къалэм и лIыкIуэхэм хъарзынэу абы зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медаль II зэпеуэм къыщахьащ. 
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Жыгунхэ Амиррэ Астемыррэ, Дыгулыбгъу Ибрэхьим, Къунашхэ Умаррэ Абузаррэ, Бещто Ислъам, БжьыхьэлI Ансар, Бещто Муслим, Жамырзэ Амир сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Мамей Сулеймэнрэ Абазэ Аланрэ.
ЩIалэхэр зыгъасэр Бахъсэн Нурмухьэмэд, Бэрэгъун Аскэр, Батырдэгу Рэмэзан, Джэрыджэ Ислъам сымэщ. 
Черкесск къалэм самбэмкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм медалибл къыщахьащ Бахъсэн къалэм Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и гъэсэнхэм. Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Мурат и фэеплъу щытащ ар.
Килограмм 49-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Кумыщ Ренат. Килограмм 64-рэ зи хьэлъагъхэм Ажахъуэ Iэмин къыпэлъэщын къахэкIакъым. 
Дыжьын медалхэр къахьащ Къудей Беслъэнрэ (кг 64-рэ) Мэш Амиррэ (кг 71-рэ). Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ ЩоджэнцIыкIу Темыркъан (кг 71-рэ), Вындыжь Ибрэхьим (кг 79-рэ), Щоджэн Къантемыр (кг 88-рэ) сымэ. 
Осетие Ищхъэрэ – Аланием самбэмкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэ зэIухар и фэеплъу щытащ а республикэм самбэмкIэ и федерацэм и япэ тхьэмадэу щыта Бежаев Олег. А зэпеуэм хэтащ Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи медаль зэхуэмыдэхэр къыщахьащ: дыщэу 3, дыжьыну 1, домбеякъыу 3. 
Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и тренер Къаскъул Ислъам грэпплингымкIэ япэ увыпIэр къыщихьащ «Continental open» фIэщыгъэр зезыхьа зэхьэзэхуэм. Ар къызэзыгъэпэщар «Moscow top team» клубырщ, щекIуэкIари ди къэралым и къалащхьэрщ. 

 

НАУРЫЗЫКЪУЭ Долэт.
Поделиться: