Пэнагуэ Казбек и фэеплъу![]() СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 20-м я спортсмену 120-м нэблагъэ, езыхэр гупи 8-уэ гуэшауэ. Зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэу щытащ Ярославль областым щыщ, урысейпсо категорие зиIэ судья Кербунов Александр. Удэзыхьэхыу икIи гъэщIэгъуэну екIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Татарян Арсен (Краснодар щIыналъэ), Уэхъутэ Амир (Къэрэшей-Шэрджэс), Сайпуллаев Мухьэмэд (Дагъыстэн), КIуэкIуэ Темырлан (Къэбэрдей-Балъкъэр), Сонэ Инал (Краснодар щIыналъэ), Амбарцумян Горлеон (Краснодар щIыналъэ), Макарьян Богдан (Краснодар щIыналъэ), Мачильский Елдар (Осетие Ищхъэрэ - Алание). ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
19.07.2026 - 12:26 →
Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
15.07.2026 - 15:21 →
Лъэпкъми хэкуми я набдзэт
11.07.2026 - 14:46 →
Псынэдахэр япэ итщ, Алътудыр абы къыкIэлъокIуэ
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
| ||





