БлэкIа жыжьэм псэуахэми гу зэрылъатауэ, гъэм и кIыхьагъкIэ Дыгъэм и зыгъэзэкIэм зехъуэж, щIымахуэм дызэригъэхуабэ щымыIэми, гъэмахуэм лъагэу уафэм зыщиIэтрэ и бзий нэхухэмкIэ къыдэгуэпылIэу.
ЩIэныгъэлIхэми зэрыжаIэу, ахэр псори зэлъытэжар ЩIы Хъурейр зэкIэрэхъуэкIыж и джэлэсымрэ Дыгъэр здэщыIэмрэ я зэхущытыкIэм илъэс псом и кIуэцIкIэ зэрызихъуэжырщ.
Астрономхэм къызэрабжамкIэ, гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ я зэхэкIыгъуэ дыдэу, ЩIы Хъурейм и джэлэсым зрилъыту, 2026 гъэм Дыгъэм нэхъ лъагэ дыдэу уэгум зыщиIэтар мэкъуауэгъуэм и 2I-м сыхьэтыр 5-рэ дакъикъэ 42-рщ (Москва деж къызэрыщабжым тетщIыхьмэ).
ЩIыуэпсым кIэлъыплъхэм зэрыжаIэмкIи, ди планетэм ищхъэрэкIэ гъэза и щIылъэныкъуэм гъэмахуэр а далэм къыщыщIэдзауэ ипэжыпIэкIи къыщихьэу аращ. Илъэс псом тетщIыхьмэ, мэкъуауэгъуэм и 20-м икIыу 2I-м хуэкIуэ жэщыр абдежым щынэхъ кIэщI дыдэщ, къыкIэлъыкIуэ махуэр щынэхъ кIыхьщ.
А Iуплъэгъуэр къызэрыдгурыIуэ хъунум дытепсэлъыхьмэ, пщэдджыжь нэхутхьэхур къытхуэзыхьу и бзий дыщафэхэмкIэ къэдэхащIэ вагъуэ жьэражьэр нэхъыбэ дыдэу къыщыттепсэ далэм дынэблэгъэпауэ аращ. Ар тохуэ високоснэ илъэсхэм - мэкъуауэгъуэм и 20-м, мыдрей гъэхэм - мэкъуауэгъуэм и 2I-м.
Нэщэнэхэмрэ а махуэм лэжьыпхъэхэмрэ
Дыгъэр и къекIуэкIыкIэм махуэ бжыгъэкIэ темыкIыу, шэджагъуэхуэкIуэу уэгум къыщиувапэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми я еплъыкIэр щызэтехуэ щыIэщ. Апхуэдэхэм ящыщщ ар, псалъэм папщIэ, щIыуэпсми уахэми къыщыхъу, гу нэхъ зылъыттапхъэ зэблэхъугъуэхэм зэрыхалъытэр. Нэхъыбэр зэрегупсысымкIи, а махуэм хуэзэу, къамыгъэсэбэпыж е зэрамыхьэж хьэпшыпхэмрэ щыгъынхэмрэ зыхуей гуэрхэм етыжыпхъэщ е хыфIэдзапхъэщ, унэ кIуэцIхэр къыщIэгъэкъэбзыкIын, лъапсэм щикъухьа хьэпшып лейхэр лъэныкъуэ егъэзын зэрыхуейри а псом хэтыжу.
АтIэми, дызыщIэхъуэпс зэхъуэкIыныгъэ щIагъуэхэм далъэIэсыныр абыхэмкIи зэрызэфIэмыкIынур къызыгурыIуэхэм зэрытрагъащIэмкIэ, а махуэ бжыгъэм иужькIи ди гупсысэр тедгъэхьапхъэщ гъатхэ-гъэмахуэ зэблэхъугъуэм ирихьэлIэуи абы иужькIи хьэл-щэн дахэхэр зэрызыхэтпщэным, арэзы дыкъэзымыщIхэр зэрызыхэдныным, зи щIыхуэ къыттехуахэм зэреттыжыным, зи жагъуэ тщIахэм дазэрекIужыным, нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэпэхэми зэрызеттыным.
Нэщэнэхэм иригъуазэхэм жаIэм тетщIыхьмэ, мэкъуауэгъуэм и 2I-м пщэдджыжьым и плъыфэм елъытащ гъэмахуэм адэкIэ зыкъызэригъэлъэгъуэнури.
Апхуэдэу, нэхущым къыщегъэжьауэ пщыхьэщхьэм пшапэр зэхэуэху, махуэм и кIыхьагъкIэ уафэр пшэншэрэ къащхъуэмэ, дыгъэр хуэфIу къыттепсэмэ, гъэ екIуэкIым къытхуихьынур гъавэ бэвщ, дунейм и щытыкIэми куэдрэ дызэригъэгуфIэнум шэч къытевмыхьэ.
ЩIэныгъэми къызэригъэлъагъуэу
Бжыгъэхэр нэсу зэкIэлъыгъэкIуэнымрэ зэгъэзэхуэнымкIэ астрономхэр математикхэм къазэрыкIэрыху щыIэкъым. Ар икIи гурыIуэгъуэщ. АтIэ, япэу зи цIэ къитIуахэм къызэрабжамкIэ, «гъэмахуэ дыдэу» мэкъуауэгъуэм и 2I-м щIэзыдзар щикIынур махуэ 88-рэ сыхьэт 23-рэ дакъикъэ 38-рэ дэкIа иужькIэщ. НэгъуэщIу жытIэмэ, 2026-нэ гъэм фокIадэм и 20-м, Инджылызым (Англием) и Гринвич щIыпIэм къыщабж зэманымкIэ, сыхьэтыр 9-рэ дакъикъи I-рэ секунди 25-м дежщ. Абы щыгъуэщ, ди япэ итахэми зэрыжаIауэ, бжьыхьэр и щыпкъапIэкIэ къыщихьэр. А далэращ гъэмахуэкIэ-бжьыхьэпэ махуэхэм я нэхъ кIэщIымрэ (сыхьэт I2-рэ дакъикъэ II-рэ секунди 8-р) жэщхэр нэхъ кIыхь хъууэ щыщIадзамрэ (сыхьэт II-рэ дакъикъэ 48-рэ секундэ 52-р) щызэрихьэлIэри…
Сыту пIэрэ, атIэ, дызытепсэлъыхь мы къэхъугъэм «дыгъэрыжьэ-дыгъэрыткIэ» («солнцестояние») щIеджэр? КъызытехъукIар аращи, къызэрыхэдгъэщауэ, а махуэмрэ абы къыкIэлъыкIуэ адрей зытIущымрэ шэджагъуэвэхыу уафэм дэплъей цIыхум, зэригъэщIэгъуэн имыщIэу, Дыгъэр къыщхьэщыхьэпарэ и пIэми имыкIыу къызэрыщыхъурщ.
Астрономие щIэныгъэм мыхьэнэшхуэ зрит мы Iуэхугъуэр зэрыблэкIыу, планетэм ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ гъунэгъу дыдэу къытхуекIуэтэкIа Дыгъэм, гъэмахуэр ипэжыпIэкIи къызэрытхуихьар къыдигъащIэ хуэдэ, уафэм махуэ зытIущкIэ зыкъыщрегъанэри, ипщэкIэ зыгъазэ и гъуэгуанэ кIыхьым хуемыпIэщIэкIыщэурэ треIуэнтIэж.