ЕхъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэж

Мэзкуу областым и Звенигород къалэм щекIуэ­кIащ спорт гимнастикэмкIэ дуней псом и чемпион Стретович Иван и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. ­КИФЩI-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым­рэ я щIыхьыр яIэту зэпеуэм хэтащ Бахъ­сэн къалэм олимпиадэм хэтыфыну зы­щыгугъ сабий зэчиифIэ­хэм щадэ­лажьэ спорт еджа­пIэм и гъэсэнхэр икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэ­хэр абы щызыIэрагъэ­хьащ.

ЖыпIэнурамэ, 1-нэ разряд зиIэ щIалэхэм я ­программэмкIэ дыжьын медаль къихьащ Тохаев Али­хъан. 2-нэ разряд зиIэ­хэм я программэмкIэ япэ увыпIэр иубыдащ Артюхов Богдан, ещанэр - АфIэунэ Хъалид.
3-нэ разряд зиIэхэм я программэмкIэ БжыкIший Къаплъэн зыхэта гупым къытекIуэн къахэкIакъым. Мыбдежым етIуанэ щы­хъуащ Ахьмэд Мухьэмэд.
Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зы­хэ­та, «Гимнаст ныбжьыщIэ» программэмкIэ Тут Мухьэ­мэд дыжьын, Факъуэ Умар домбеякъ медалхэр къахьащ.
Ди гимнастхэм ядэла­жьэр Апатьевхэ Дмитрийрэ Маринэрэщ.

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться: