Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Бадзэуэгъуэм и 1, бэрэжьей Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ Зауэ зэпэщIэтыныгъэм хэта ветеранхэм я махуэщ 1957 гъэм Москва и Театр Иным щызэхэтащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм ята иужьрей концертыр. 1981 гъэм КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и секретару хахащ. 1934 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Джатэгъэжь Владимир. 1980 гъэм къалъхуащ Китайм и къалащхьэ Пекин къалэм 2008 гъэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм алыдж-урым бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ чемпион щыхъуа Хъущт Аслъэнбэч. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 15 - 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ.