Фадэр зыгъэхьэрэмахэм къыхэлъхьэри...

1808 - 1892 гъэхэм псэуа инджылыз хьэрычэтыщIэ Кук Томасщ, тхыдэм къызэрыхэнауэ, турист IуэхущIапIэ япэ дыдэу ди планетэм къыщызэIузыхауэ къалъытэр.

XIX лIэщIыгъуэм икухэм хуэзэу Инджылызым фадэ зи нэрыгъхэм я бжыгъэм куэду щыхэхъуат. Чыристэн диным и зы къудамэ баптист унэтIыныгъэм, зэрытщIэщи, фадэр егъэхьэрэм. А бгъэдыхьэкIэм и телъхьэ хъуахэм Кук Томаси ящыщти, еш жыхуаIэр имыщIэу, а Iуэху мыдахэм цIыхухэр къызэрыбгъэдишыжыным иужь ихьат. 
АбыкIэ Iэмал гъуэзэджэу а щIалэм къибжар зыщыщ къэралым турист IэнатIэ къыщызэригъэпэщынырщ. Ар къызэрехъулIэуи, Кук Томас гупышхуэхэр зэщIигъэуIуэурэ иришажьэу къиублащ. КъимыдэкIэ, а Iуэхурщ хьэрычэтыщIэр ди нобэми нэхъыбэу цIэрыIуэ зыщIар. 
Зыхуигъэувыжа пщэрылъым зэрыщехъулIэнум иужь ит зэпытти, 1840 гъэм Кук запищIащ езыр къыщалъхуа Дербишир щIыналъэм (Мельбурн къалэ) щаутIыпщагъащIэ гъущI гъуэгур зейхэм. Ахэр здигъэIэпыкъукIэрэ, фадэм защызы­дзейхэм я зэгухьэныгъэу къызэригъэпэщам хэтхэр Лафборо къалэ цIыкIум езым щригъэкIуэкIа зэхуэсхэм иришалIэу ­къиублащ. А гъуэгуанэм техьахэм, иужьым зэрыжаIэжамкIэ, ар абыхэм я дежкIэ гукъинэж дыдэу къыщIэкIащ. Сыту жыпIэмэ, фадэр IэщIыб зыщIахэм ящыщу гъусэ зыкъы­хуэзыщIахэм къызэгъэпэщакIуэм гъуэгум гулъытэшхуэ щахуищIат. Уеблэмэ езым и ахъшэ тIэкIумкIэ къахуигъэхьэрычэта гъуэмылэри, гуапагъэ ин пылъу, яхуигуэшат. 
1841 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м (Турист IэнатIэхэм я махуэр а далэм щIытрагъэхуари аращ) зи ныбжьыр илъэс 33-м хыхьа Кук Томас Инджылызым ди планетэм щыяпэ дыдэу щызэригъэуIуат турист зекIуэу цIыху куэд дыдэ зыхэтар. 
Томас и лъэIукIэ, зыщыщ щIыналъэр адрейхэм япызыщIэ гъущI гъуэгу компанием къахуигъэхьэрычэтащ езым зэщIигъэуIуа цIыху 570-р зэрыришэжьэн вагон зэкIэрыщIахэр. МафIэгур ирижащ Инджылызым и курыхым щыIэ Лейстершир графствэм ит Лафборо, Лейстер къалэхэм я зэхуаку дэлъ ­гъуэгуанэ зэштегъэум.
Иужьым, а хэгъэгум и гъущI гъуэгу зэгухьэныгъэ псоми зэдыщIадзат (я цIэхэр къызэрыхагъэщын Iэмалу зэрыщытыр щызыхащIэм) уасэ нэхъ зэгъ зытражыIыхь зекIуапщIэхэр (билетхэр) Кук Томас и турист IэнатIэм иращэныр. Абы къыхэкIыуи, щIыпIаплъэ ежьэну зи гуращэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми хэхъуэу хуежьат.
Кук тхылъхэр къыдэгъэкIыным ехьэлIа IэщIагъэми хуэшэрыуэти, «Фадэр IэщIыб зыщIахэм я гъуэгуанэ» зыфIища и журналри къыдигъэкIащ. Абы къыдэкIуэуи, 1847 гъэм къызэригъэпэща «Турист жылагъуэ» зэгухьэныгъэм и цIэкIэ, гъуэгуанэ тхылъ зэгъэпэщахэр ярищэу хуежьащ Инджы­лызым и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэми зыщы­зыплъы­хьыну хуейхэми. 
БлэкIар зыджыжхэм зэрытрагъащIэмкIи, къэралхэр зэпызыщIэ туризмэр а щIыкIэм тетущ ди планетэм къы­зэрыщыунэхуар. Псалъэм къыдэкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, 1850 гъэхэм ирихьэлIэу Европэм куэду щыпхашат къалэу итхэм я нэхъыбэр «зэзышалIэ» турист «лъагъуэхэр». «Туризмэм и менеджер» зыфIаща IуэхущIапIэу хэгъэгу зэпэщIэхахэр зэпызыщIэри япэ дыдэу къэзыгупсысауэ щытар Кук Томасщ.

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также:

21.07.2026 - 09:00 НОБЭ
17.07.2026 - 12:26 НОБЭ
16.07.2026 - 09:00 НОБЭ